Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 4:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Гуэныхь иригъэлэжьын щхьэкӀэ шейтӀаныр а щӀыпӀэм Хьисэ и ужь махуэ плӀыщӀкӀэ къыщитащ. А махуэхэм Хьисэ зыри ишхакъым, махуэ плӀыщӀ нэужьым ар къэмэжэлӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

2 Хьисэ гуэныхь иригъэщӀэн и гугъэу, Ӏиблисыр Абы и ужь махуэ плӀыщӀкӀэ къыщитащ а щӀыпӀэм. Хьисэ дзэкъэгъуэ Ӏухуакъым а махуэхэм, ауэ и кӀэм къэмэжэлӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 4:2
16 Iomraidhean Croise  

Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.


Нэху щауэ, Ерусалим къыздэкӀуэжым, Хьисэ къэмэжэлӀащ.


Махуэ плӀыщӀрэ жэщ плӀыщӀрэ нэщӀа нэужь, Хьисэ къэмэжэлӀащ.


ШейтӀаным Хьисэ къыжриӀащ итӀанэ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, щӀакхъуэ хъуну мы мывэм унафэ хуэщӀ.


А щӀыпӀэм Екъуб и псыкъуийр итт. Гъуэгум иригъэшати, псыкъуийм деж щетӀысэхащ Хьисэ. Сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт ар.


ШейтӀаным Хьисэ гуэныхь иригъэщӀэну щыхэтым, Хьисэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ, шейтӀаным гуэныхь зригъэщӀэну зыхэт цӀыхухэм ядэӀэпыкъун лъэкӀынущ.


Дин пашэшхуэу диӀэр лъэкӀыныгъэ зэрыдимыӀэр къызыгурыӀуэн зылъэмыкӀ дин пашэшхуэкъым. ШейтӀаным гуэныхь дигъэщӀэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъэукӀи гуэныхь иригъэщӀэну хэтащ ар, ауэ гуэныхь иригъэщӀэн хущӀэфӀэкӀакъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan