Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 4:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Хьисэ щапӀа Назарет къалэм кӀуащ. И хабзэм тету, щэбэт махуэм синэгуэгум щӀыхьащ. Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэну, абы щӀэсхэм я пащхьэм иуващ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

16 Хьисэ щапӀа Нэзэрэт къэкӀуэжащ. Сыт щыгъуи хуэдэу, Ар тхьэлъэӀупӀэ унэм щӀыхьащ щэбэт махуэм. ТхьэлъэӀупӀэм щӀэсхэм Тхыгъэ ЛъапӀэм къахуеджэну къэтэджащ Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 4:16
14 Iomraidhean Croise  

НазареткӀэ зэджэ къалэм дэтӀысхьащ. Апхуэдэу щӀэхъуар бегъымбархэм Хьисэ теухуауэ жаӀа мы псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэщ: «Назарет щыщкӀэ еджэнущ абы».


Зиусхьэным и хабзэм и унафэм тету псори ягъэзэщӀа нэужь, Галилей хэкум щыщ я къалэ Назарет ягъэзэжащ Мэриемрэ Исуфрэ.


ЩӀалэм и ныбжьыр илъэс пщыкӀутӀ щыхъум, хабзэм тету, ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ Ерусалим кӀуащ.


И анэмрэ и адэмрэ я гъусэу Хьисэ Назарет кӀуэжащ итӀанэ, яхуэӀурыщӀащ. Хьисэ и анэм игу ириубыдащ мы Ӏуэху псори.


ЦӀыху псоми щӀыхь къыхуащӀурэ, Хьисэ абыхэм я синэгуэгухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэрт.


Ешайа бегъымбарым и тхылъыр къратащ. Тхылъыр зэгуихри, мыпхуэдэу здит щӀыпӀэр къигъуэтащ:


Хьисэ абыхэм яжриӀэу щӀидзащ: – ФедаӀуэурэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт мы псалъэхэр нобэ пэж хъуащ.


– Щэч хэмылъу мы псэлъэжьыр къызжефэнщ: «Дохутыр, уэ зыгъэхъуж». ИтӀанэ къызжефэнщ: «Капернаум къалэм щыблэжьауэ зэхэтхам хуэдэ Ӏуэхухэр мы ущапӀа къалэм щылэжь», – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.


– СымыбзыщӀӀауэ, дунейм и цӀыхухэм сахэтащ сэ, сахэпсэлъыхьу, – жэуап иритыжащ Хьисэ. – Синэгуэгуми Тхьэм и унэшхуэми, журт псори щызэӀущӀэм, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щезгъащӀэу щытащ дапщэщи. Щэхуу зыри жысӀакъым.


Паул, зэрихабзэу, абыхэм я синэгуэгум щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэурэ, щэбэт махуищкӀэ абыхэм щедэуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan