6 ЦӀыхухэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур цӀыху псоми ялъагъунущ».
6 Тхьэм и цӀыхухэр къызэрыригъэлыр псоми ялъагъунущ абы щыгъуэ».
– Дуней псор къэфкӀухьурэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – цӀыху псори хъыбарыфӀым* евгъэдаӀуэ.
Журтымрэ алыджымра яку зэхэгъэж дэлъкъым. А зы Зиусхьэныр псоми я Зиусхьэнщ икӀи абы елъэӀу псоми фӀы къахуещӀэ.
Ауэ сэ сыщӀоупщӀэ: ХъыбарыфӀыр зэхамыхауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ зэхахащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм я макъыр щӀылъэм дэнэкӀи щызэхахащ, я псалъэхэри щӀылъэм и гъунэхэм нэсащ».