38 Кайнан Енощ и къуэщ. Енощ Щэт и къуэщ. Щэт Адэм и къуэщ. Адэм Тхьэм ейщ.
38 Енус, Сеф, Ӏэдэм сымэ къатехъукӀауэ. Езы Ӏэдэм Тхьэм ейт.
ИтӀанэ къигъэщӀащ Зиусхьэну Тхьэм цӀыхур, щӀылъэ сабэм къыхищӀыкӀри, икӀи абы епщэри гъащӀэ иритащ, цӀыхум псэ къыӀуигъэкӀащ.
Ӏэдэм аргуэру екӀуэлӀащ и фызым, абы къуэ къилъхури, фӀищащ цӀэуэ: Щэт; «сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, – жиӀэрт абы – Тхьэм къызитащ нэгъуэщӀ щӀалэ, Къаин иукӀа Хьэбэл и пӀэкӀэ».
Щэт къыхуалъхуащ къуэ, абы цӀэуэ фӀищащ Енощ; Абы къыщегъэжьауэ цӀыхухэм щӀадзащ Зиусхьэным елъэӀуу.
Ламех Мафусал и къуэщ. Мафусал Енох и къуэщ. Енох Иаред и къуэщ. Иаред Малелеил и къуэщ. Малалеил Кайнан и къуэщ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьауэ, Хьисэ Иорданыпсым къыӀукӀыжащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар губгъуэ нэщӀым ишащ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Япэрей цӀыхуу Ӏэдэм зи цӀэр псэ зыхэт цӀыху хъуащ». Ауэ иужьрей Ӏэдэмыр арщ гъащӀэ къыдэзыт псэр.
Япэрей цӀыхур мы дунейм щыщу щытащ, Тхьэм ар ятӀэм къыхигъэхъукӀащ. ЕтӀуанэрей цӀыхур уафэм щыщщ – Зиусхьэныр арщ.