10 ЦӀыхубэр Иуан къеупщӀащ: – Сыт атӀэ дэ тщӀэн хуейр?
10 – АтӀэ сыт дэ тщӀэн хуейр? – къеупщӀащ цӀыхухэр Яхья.
Хьэкътын ахъшэр хэзых цӀыхухэр, зрагъэумэхъын щхьэкӀэ, Иуан деж къакӀуэри къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, дэ сыт тщӀэн хуейр?
– Дэри сыт тщӀэн хуейр? – къеупщӀащ зауэлӀхэри Иуан. – Зыми и ахъшэ лъэщыгъэкӀэ къытевмых, зыми пцӀы тевмылъхьэ, лэжьапщӀэу къыват ахъшэмкӀэ арэзы фыхъу, – яжриӀащ абыхэм.
Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.
ИтӀанэ ахэр лъэхъуэщым къыщӀишыжри, жиӀащ: – Зи щӀыхь инхэ, Тхьэм сымыкӀуэду сыкъригъэлын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?
Ар щызэхахым, цӀыхухэр къэгузэващ. Петррэ адрей апостолхэмрэ жраӀащ абыхэм: – Ди къуэшхэ, сыт дэ тщӀэн хуейр?
– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ псоми зыдвгъэумэхъ, Тхьэм фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, – яжриӀащ Петр. – Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр фи гум кърилъхьэнущ итӀанэ.
Къэтэджи, къалэм дыхьэ. Уэ пщӀэн хуейр зыгуэрым къыщыбжиӀэнущ абдежым.