Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 3:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Тиверий кесарым и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэст; Понтий Пилат зи цӀэр Иудей хэкум и Ӏэтащхьэт абы щыгъуэ. Ироди Галилей хэкум ипщт; Ирод и къуэш Филипп Итурей, Трахонит хэкухэм япщт; Лисаний зи цӀэр Авилиней хэкум ипщт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

1 Къайсэр Тиберий и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэсым Понтий Пилат Ехьудейм и унафэщӀу щытащ. Хьирэд Гэлилей хэкум и лӀыщхьэт; Хьирэд и къуэш ФылыпӀ Итурей, Трэхъуэнит хэкухэм я тетт; Лисанэ Абилиней хэкум щытепщэт;

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 3:1
19 Iomraidhean Croise  

БгъэдэкӀынукъым тепщэныгъэ башыр Иудэ икӀи пщы башыр абы и къуэхэм, тыгъэ къыхуащӀыурэ, цӀыху лъэпкъхэри абы и жыӀэм едэӀуэнущ.


Пщы Ирод, Хьисэ и хъыбарыр зэхихати,


Ирод ар щӀыжиӀар мыращ: ФилиппкӀэ зэджэ и къуэшыр псэу пэтми, Ирод а Филиппым и фыз Иродиадэ зи цӀэр къишэжат. Абы ар къызэришэжам щхьэкӀэ, Иуан Ирод жриӀэрт: «Уи къуэшым и фыз къэпшэжыныр хабзэм къезэгъыркъым». Иродиадэ и лъэӀукӀэ Ирод и зауэлӀхэм Иуан яригъэубыдщ, Ӏэхъулъэхъу ярыригъалъхьэри, лъэхъуэщым щӀригъэдзащ абы и ужькӀэ.


Ирод къыщалъхуа махуэр щагъэлъапӀэм, Иродиадэ и пхъур зэхуэсахэм я пащхьэм къыщыфащ икӀи ар пщы Ирод игу ирихьащ.


Аращи, къыджеӀэ: Дауэ уеплърэ? Кесарым хьэкътын ахъшэр етт хъуну, хьэмэ мыхъуну?


Хьисэ япхри, Понтий Пилат Ӏэтащхьэм ӀэщӀалъхьащ.


Ирод ар щӀыжиӀар мыращ: ФилиппкӀэ зэджэ езым и къуэшыр псэу пэтми, Ирод а Филиппым и фыз Иродиадэ зи цӀэр къишэжат.


Иродиадэ зыщӀэхъуэпсар махуэ гуэрым къехъулӀащ. Къыщалъхъуа махуэр игъэлъэпӀэну, Ирод и къулыкъущӀэхэр, и дзэпщхэр, Галилей хэкум и пашэхэр, ефэ-ешхэшхуэ яхуищӀри, къригъэблэгъащ.


Фарисейхэм* ящыщ гуэрхэр абы ирихьэлӀэу къакӀуэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мы щӀыпӀэр къэбгынэ, Ирод пщым и цӀыхухэм уаригъэукӀынущи.


А махуэхэм Рим къэралышхуэ псом ис цӀыху псори ябжыну икӀи я цӀэхэр ятхыну Август кесарым унафэ ищӀащ.


Арати, цӀыхухэр зыхуейр Пилат яхуищӀэну триубыдащ.


Езым и къуэшыр псэу пэтми, абы и фыз Иродиадэ къызэришэжам щхьэкӀи нэгъуэщӀ мыхъумыщӀагъэу илэжьа псом щхьэкӀи Иуан пщы Ирод егиящ.


Пщы Ирод, Хьисэ илэжьа псом я хъыбар щызэхихым, гузэващ, ар зыхуихьынур имыщӀэу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыгуэрхэм жаӀэрт: – Иуан бегъымбарыр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ.


«Сэ, Клаудий Лисий, щӀыхь зыхуащӀ Феликс Ӏэтащхьэм фӀэхъус узох.


ИлъэситӀ дэкӀауэ, Феликс и пӀэм Порций Фест зи цӀэр иуващ. Феликс журтхэм фӀы гуэр яхуищӀэну хуейти, Паул лъэхъуэщым къыщӀинащ.


Абы и ужькӀэ пащтыхьи, Ӏэтащхьэри, Вереники, абыхэм я гъусэхэри къэтэджыжри, пэшым щӀэкӀыжащ.


– А псалъэхэр пэжщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ирод пщымрэ Ӏэтащхьэу Понтий Пилатрэ мы къалэм щызэхуэсащ, хамэ лъэпкъхэри израил цӀыхухэри я гъусэу, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэу дагъэ зыщыпхуам пэувыну.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan