Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 24:50 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

50 Хьисэ ахэр Ерусалим дишщ, Вифание жылэм и гъунэгъуу ишэщ, и Ӏэхэр къиӀэтри, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну яхуелъэӀуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

50 Хьисэ ахэр къалэм къыдишри, БэтэӀин жылэм нэс здишащ. И ӀитӀыр иӀэтри, и гъэсэнхэм Тхьэм и цӀэкӀэ яхуэхъуэхъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 24:50
15 Iomraidhean Croise  

Шхыныгъуэу сэ фӀыуэ слъагъур схуэгъэхьэзыри, къысхуэхь сшхыну, сылӀэн и пэ си нэфӀ къыпщызгъэхуэн папщӀэ.


– Ахэр си къуэхэрщ, Тхьэм мыбдежым къыщызитахэрщ, – жриӀащ Исуф и адэм. – Къызбгъэдэшэ ахэри, – жиӀащ Екъуб, – си нэфӀ абыхэм ящызгъэхуэнущ.


Мис Израил и лӀакъуэ пщыкӀутӀыр зэрыщыту; мис абыхэм я адэм къажриӀари; и нэфӀ ящигъэхуащ абыхэм, къалъигъэсащ и нэфӀ щыхуэныгъэр, щхьэж езым ейр.


Хьисэ абыхэм яхэкӀщ, къалэм дэкӀщ, Вифание жылэм кӀуэри, жэщыр абы щрихащ.


Сабийхэм ӀэплӀэ ярищэкӀым, и Ӏэхэр ятрилъхьэурэ, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну елъэӀурт Хьисэ.


Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуащ. Елеон Ӏуащхьэм и лъапэм тес жылэхэу Виффагиерэ Вифаниерэ щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу цӀыхуитӀ япэ иригъэщащ,


Тхьэм яхуелъэӀуурэ яхэкӀри, уафэм дэкӀуеижащ.


Апостолхэм, Елеон Ӏуащхьэм къехыжри, ЕрусалимкӀэ ягъэзэжащ абы и ужькӀэ. Елеон Ӏуащхьэр Ерусалим пэгъунэгъут, щэбэт махуэ гъуэгу хуэдизкӀэ нэхъ пэмыжыжьэу.


А псалъэхэр жиӀа нэужь, Хьисэ абыхэм ялъагъуу, Тхьэм уафэм дришеижащ. Пшэ къытехьэри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ.


ЦӀыхухъухэр дэнэ щӀыпӀэ щыӀэми, Тхьэм елъэӀуну сыхуейщ, гукъабзагъэкӀэ я Ӏэхэр яӀэтурэ, мыгубжьу, ягуми ТхьэмкӀэ шэч ямыщӀу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan