Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 24:49 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

49 ФыкъэдаӀуэ, си Адэм фыкъызэригъэгугъар къыфхуезгъэхынущ. Ауэ уафэм къикӀыу къару къыфхуехыху, Ерусалим къалэм фыкъыдэнэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

49 Си Адэм къывитыну фыкъызэригъэгугъар Сэ къыфхуэзгъэкӀуэнщ, ауэ къалэм зэкӀэ фыдэмыкӀ, уафэм къикӀыу къару къыфхуемыхауэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 24:49
12 Iomraidhean Croise  

Ауэ фэ фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр – ар Тхьэм и Псэ ЛъапӀэрщ, – Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ къыфхуригъэхынущ. Абы псори фигъэщӀэнущ икӀи сэ нывжесӀа псори фигу къигъэкӀыжынущ.


– Адэ лъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыфхуезгъэхынущ. Ар Адэ лъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, абы и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэращ. Ар къыщыкӀуэкӀэ, сэ щыхьэт къыстехъуэнущ.


Ахэр зэхуишэсри, Хьисэ унафэ яхуищӀащ: – Ерусалим къалэм фыдэмыкӀ, ауэ зи гугъу фхуэсщӀауэ, Адэ лъапӀэм фызэригъэгугъам фыпэплъэ, – жиӀэурэ.


– Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыщыфхуехкӀэ, лъэкӀыныгъэ фиӀэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкӀэ дунейм и кӀэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ.


Мисие хэкум щынэсым, Вифиние хэкум ихьэну хэтащ, ауэ Хьисэ и Псэ ЛъапӀэм ахэр хуит ищӀакъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan