Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 24:45 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

45 ИтӀанэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтхэр ягуригъаӀуэурэ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

45 Хьисэ ар жиӀэщ, и гъэсэнхэм Тхыгъэ ЛъапӀэр къагурыӀуэн папщӀэ, зэхэщӀыкӀыныгъэ яритри,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 24:45
13 Iomraidhean Croise  

– Гъуэгум дыщытетым, Хьисэ къыдэпсалъэурэ Тхьэм и псалъэу тхахэр къыдгуригъаӀуэ щыхъум, и псалъэхэмкӀэ дигъэгуфӀэрэ дигухэр мафӀэм хуэдэу къызэщӀигъэнауэ щытакъэ? – жаӀащ абыхэм.


ЦӀыхубз гуэр, Лидие и цӀэу, яхэт абыхэм, къэдаӀуэу. Ар Фиатирэ къалэм дэс щэкӀ плъыжь-фӀыцӀафэ лъапӀэ зыщэхэм ящыщт. Тхьэр игъэлъапӀэрт абы. Паул жиӀахэм и фӀэщу едэӀуэну, Тхьэм абы и гур хузэӀуихащ.


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


Аращ мыпхуэдэу щӀыжаӀэр: «Уэ, жейр, къэушыж, лӀахэм къахэтэджыкӀыжи, Мэссихь нэхур къыптригъэпсэнущ».


Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.


Филаделфие къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: ЛъапӀэу икӀи пэжу щыту, Даут и ӀункӀыбзэр зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ. Абы зэӀуихыр зыми игъэбыдэфыркъым, игъэбыдари зыми зэӀуихыфыркъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan