Лукас 24:44 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр44 – Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм. Faic an caibideilФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ44 ИтӀанэ захуигъазэри, мыпхуэдэу яжриӀащ: – Сыщывигъусам вжесӀауэ щытатэкъэ Мусэ и Теурэтми, бегъымбархэм я тхылъхэми, Забурми Сэ стеухуауэ ит псори къэхъун зэрыхуейр. Faic an caibideil |
Торэт хабзэр къэкӀуэну ӀуэхуфӀхэм я ныбжь къудейуэ щытащ, а ӀуэхуфӀхэр зэрыщытыну дыдэр абы къигъэлъэгъуэн лъэкӀыу щытакъым. Аращи, а къурмэн дыдэу илъэс къэси зэпымыууэ ящӀу щытахэмкӀэ Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуея цӀыхухэр я щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ищӀын лъэкӀыу щытакъым Торэт хабзэм.
Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ: – Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.