Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 24:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Ар зыхуахьынур ямыщӀэу здэщытым, щыгъын хужьыбзэкӀэ хуэпауэ лӀитӀ, ямыщӀэххэу, я пащхьэм къихутащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

4 Къэхъуар къагурымыӀуэу здэщытым, я пащхьэм цӀыхухъуитӀ напӀэзыпэм къиуващ, зэщӀэлыдэ щыгъынкӀэ хуэпауэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 24:4
9 Iomraidhean Croise  

Ибрэхьим и напӀэр дрихьейрэ плъэмэ, лӀищ къитщ и пащхьэм. Къыщилъагъум, ар шэтыр щӀыхьэпӀэм ӀукӀри, абыхэм япежэжьащ, щӀыгум нэсуи щхьэщэ яхуищӀащ.


Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, щыгъын хужь кӀыхькӀэ хуэпауэ, ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ къыщысу, зы щӀалэ ялъагъури, къэскӀащ.


Тхьэм и мелыӀыч къахуэкӀуащ абыхэм напӀэзыпӀэм. Зиусхьэным и нэху гъэщӀэгъуэныщэм къыщиухъуреихьым, мэлыхъуэхэр хуабжьу къэщтащ.


ЦӀыхубзхэм, къэщтауэ, я щхьэхэр щыщӀагуэм, а лӀитӀым къыжраӀащ: – Псэур лӀахэм я деж сыт къыщӀыщыфлъыхъуэр?


Хьисэ уафэм щыдэкӀуеижым, я нэхэр траубыдауэ уафэм дэплъей апостолхэм я пащхьэм щыгъын хужькӀэ хуэпа лӀитӀ напӀэзыпӀэм къыщыхутащ.


Зиусхьэным и мелыӀычыр а унэм къыщӀэхутэри, унэр нэху къэхъуащ напӀэзыпӀэм. МелыӀычыр Петр и джабэм еуӀури, къигъэушащ: – ПсынщӀэу тэдж! – жиӀащ абы. Петр и Ӏэхэм Ӏэхъулъэхъур къыфӀэхуащ.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan