Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 24:36 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

36 Ахэр мы Ӏуэхухэм щытепсэлъыхьым, езы Хьисэ яхэувэри, яжриӀащ: – Фигу ирезагъэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

36 Ар щаӀуэтэж дыдэм, Хьисэ езыр абыхэм къахыхьэри: – Тхьэм и сэлам фызох, – жиӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 24:36
13 Iomraidhean Croise  

Унэм щӀэсхэр а фӀэхъус псалъэм хуэфащэмэ, Тхьэм гузэгъэгъуэ къаритынущ, ауэ хуэмыфащэу къыщӀэкӀмэ, гузэгъэгъуэм фи деж кърырегъэзэж.


Абы и ужькӀэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр шхэуэ здэщысым, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ. Абыхэм я фӀэщ мыхъуныгъэмрэ я ерыщыгъэмрэ щхьэкӀи, Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ зылъэгъуахэм яӀуэтэжар я фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀи, Хьисэ абыхэм егиящ.


– Унэ гуэрым хьэщӀэу фыщыщӀыхьэкӀэ, япэрауэ, «Тхьэм фэ, мы унэм щӀэсхэм, фигу ирезагъэ», жыфӀи, фӀэхъус ефх.


Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот: Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкӀынукъым. Фымыгузавэ икӀи фымышынэ.


– Мы Ӏуэхухэр сэ щӀывжесӀар сэ фи псэм сызэрыщыщым папщӀэ гузэгъэгъуэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ. Дунейм гугъуехь щыфшэчынущ, ауэ фымыдзыхэ: сэ дунейм сытекӀуащ.


Махуий дэкӀа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр аргуэру унэм щызэрихьэлӀащ, Фоми я гъусэу. Бжэхэр къагъэбыдэжа пэтми, Хьисэ къакӀуэщ, я пащхьэ къиувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!


Гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм шэч хэмылъу къазэрыхэтэджыкӀыжар куэдрэ яхуигъэпэжу, Хьисэ абыхэм закъригъэлъэгъуащ. Апостолхэм куэдрэ закъригъэлъагъурт махуэ плӀыщӀым къриубыдэу икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэм яхутепсэлъыхьырт.


Мэссихь Кифэ зыкъригъэлъэгъуащ итӀанэ. И гъуэгу ирикӀуэ лӀы пщыкӀутӀым закъригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ.


Хьисэ Екъуби зыкъригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ, итӀанэ апостол псоми закъригъэлъэгъуащ.


Гузэгъэгъуэ псори къыдэзыт Зиусхьэным сыт и лъэныкъуэкӀи гузэгъэгъуэ къыврет сыт щыгъуи. Зиусхьэныр фэ псоми гъусэ фхурехъу.


Сэ сы-Иуанщ. Фэ, Асие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсиблым, фӀэхъус фызох. ЩыӀауэ, щыӀэу икӀи къэкӀуэну махуэхэм щыӀэну Тхьэм къыбгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. Тхьэм и тахътэм и пащхьэм ит и псиблми Хьисэ Мэссихьи къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan