Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 24:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 – Зиусхьэныр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, ар щыпкъэщ, Симони зыкъригъэлъэгъуащ, – жаӀащ абыхэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

34 – Зиусхьэныр, пэж дыдэу, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, Ар Симэн къыхуэкӀуащ! – жаӀащ зрихьэлӀэжахэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 24:34
7 Iomraidhean Croise  

Ауэ фэ фыкӀуи, Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей цӀыхухэмрэ яжефӀэ: «Фэ фяпэ ар Галилейм кӀуэнущ. КъызэрывжиӀам тетуи, ар абы щыфлъагъунущ».


Ар мыбдежым щыӀэжкъым, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Галилей хэкум щыщыӀам, абы мыпхуэдэу къызэрывжиӀэгъар фигу къэвгъэкӀыж:


Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!


Иуан абыхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, Хьисэ деж игъэкӀуащ: – Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей? – жаӀэу еупщӀын щхьэкӀэ.


Гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм шэч хэмылъу къазэрыхэтэджыкӀыжар куэдрэ яхуигъэпэжу, Хьисэ абыхэм закъригъэлъэгъуащ. Апостолхэм куэдрэ закъригъэлъагъурт махуэ плӀыщӀым къриубыдэу икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэм яхутепсэлъыхьырт.


Мэссихь Кифэ зыкъригъэлъэгъуащ итӀанэ. И гъуэгу ирикӀуэ лӀы пщыкӀутӀым закъригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan