Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 24:30 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

30 Абыхэм я гъусэу шхэну Ӏэнэм пэрытӀысхьэри, Хьисэ щӀакхъуэр къищтащ. Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀри яритащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

30 Хьисэ абыхэм Ӏэнэм ядэтӀысри, щӀакхъуэ къищтащ. Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, щӀакхъуэр зэгуищӀыкӀри, мо тӀум яхуишиящ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 24:30
14 Iomraidhean Croise  

Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм яжриӀащ удзыпцӀэм хэтӀысхьэну. ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ; абыхэм цӀыху гупышхуэхэм хуагуэшащ.


ШӀакхъуиблымрэ бдзэжьейхэмрэ къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Абыхэми цӀыхухэм хуагуэшащ.


Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ, зэгуищӀыкӀщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритри жиӀащ: – Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.


Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀрэ, зэгуищӀыкӀщ, абыхэм яритри жиӀащ: – Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.


Хьисэ щӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, цӀыхухэм хуагуэшын щхьэкӀэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. БдзэжьеитӀри цӀыху псоми яхуигуэшащ.


Ар щыжаӀэм, Хьисэ цӀыху гупышхуэм унафэ яхуищӀащ етӀысэхыну. ЩӀакхъуиблыр къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Апхуэдэуи ящӀащ.


Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀщ, абыхэм яритри жиӀащ итӀанэ: – Мы щӀакхъуэр, фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэ, стыну си пкъыращ. Фи гум сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, мыр фшхы.


Ауэ абыхэм ар ямыгъакӀуэу къагъэувыӀэри, къыжраӀащ: – Махуэр хэкӀуэтащ, пщыхьэщхьэм нэблэгъакӀэщи, ди гъусэу къанэ. Ар щыжаӀэм, Хьисэ арэзы хъури, я гъусэу къэнащ.


Езыхэм гъуэгум къащыщыщӀари, щӀакхъуэр щызэгуищӀыкӀым, Хьисэ къызэрацӀыхужари къаӀуэтэжащ.


ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, абыхэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ Хьисэ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ.


Хьисэ щӀакхъуэхэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ. ЩӀакхъуэр цӀыхухэм хуагуэшащ абыхэм, бдзэжьейхэм щыщуи щхьэж зыхуейм хуэдиз иратащ.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэр апостолхэм я деж емызэшу щеджэ зэпытт, зэшхэм хуэдэу зэхэтт, щӀакхъуэ зэдэзэгуащӀыкӀырт, икӀи Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт.


Махуэ къэс зэакъылэгъуу, Тхьэм и унэшхуэм щызэхуэс зэпытт. Я унэхэми щӀакхъуэр щызэгуащӀыкӀырт, зэщыгуфӀыкӀрэ ягу зэхуэкъабзэу зэдэшхэрт.


Паул апхуэдэу жиӀа нэужь, щӀакхъуэ къищтэщ, псоми я пащхьэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, щӀакхъуэр щызэгуищӀыкӀри, ишхыу щӀидзащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan