Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 24:28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

28 ЗдэкӀуэ жылэм гъунэгъу щыхуэхъум, Хьисэ къэмыувыӀэу абы блэкӀыну фэ тетт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

28 ЗдэкӀуэ жылэм пэгъунэгъу щыхъум, Хьисэ къэмыувыӀэу и гъуэгу адэкӀэ пищэну мурад зэриӀэр яригъэщӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 24:28
5 Iomraidhean Croise  

– Си зиусхьэнхэ! – жиӀащ абы, – фи унэӀутым и унэм фыныщӀыхьи, нэху фыкъыщекӀ, фтхьэщӀ фи лъакъуэхэр, нэху щымэ, фыкъэтэджынщи, фытехьэжынщ фи гъуэгум. – Хьэуэ, дэ жэщыр уэрамым щитхынщ, – жаӀащ абыхэм.


– СутӀыпщ сэ, пшэплъ къищӀащ, – жиӀащ адрейм. – УзутӀыпщынукъым, Уэ уи нэфӀ къысщымыхуауэ, – жиӀащ Екъуб.


Исуф и къуэшхэр къилъагъури, къицӀыхужащ ахэр; ауэ ахэр къимыцӀыхужауэ фэ зытригъауэри, епсэлъащ абыхэм ткӀийуэ, мыр яжриӀащ: – Дэнэ фыкъикӀа фэ? – Ханаан щӀыналъэм, гъавэ къэтщэхуну, – жаӀащ абыхэм.


Кхъуафэжьейм исхэм жьыр къажэхэуэрти, псыр хьэнцэхэмкӀэ гугъу ехьу зэрыщӀатхъур илъэгъуащ Хьисэ. Джэд Ӏуэгъуэм деж Хьисэ, псы гущӀыӀум тету, кхъуафэжьейм исхэм я лъэныкъуэкӀэ кӀуащ. Абыхэм яблэкӀ хэтащ.


Ауэ абыхэм ар ямыгъакӀуэу къагъэувыӀэри, къыжраӀащ: – Махуэр хэкӀуэтащ, пщыхьэщхьэм нэблэгъакӀэщи, ди гъусэу къанэ. Ар щыжаӀэм, Хьисэ арэзы хъури, я гъусэу къэнащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan