Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 24:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 – И щӀыхьышхуэр иӀэ хъун папщӀэ, абы нэсыху, мы гугъуехьхэр ишэчын хуеякъэ Мэссихь?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

26 Мэсихьым, щӀыхьышхуэ игъуэтын и пэ къихуэу, а псори игъэвын хуейуэ щытакъэ?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 24:26
18 Iomraidhean Croise  

Ибрэхьим мафӀэ зэрищӀыну пхъэр къищтэри трилъхьащ и къуэ Исхьэкъым и дамэхэм; езым мафӀэрэ сэрэ къыздищтэри, ежьащ тӀури зэгъусэу.


– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.


къажриӀащ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: Мэссихь гугъуехь ишэчын, лӀэуэ ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.


«ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэн хуейщ, жорми ираӀулӀынущ, ауэ ар ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ».


Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр ягу къэкӀыжри, Тхьэм и псалъэ тхахэмкӀи Хьисэ жиӀа псалъэхэмкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


сыту жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, Хьисэ лӀахэм къахэтыджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытыр абыхэм иджыри къагурыӀуатэкъым.


Мэссихь, гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытар захригъэщӀыкӀыурэ, яхуигъэнэхуащ. – Хьисэ зи хъыбар фхуэсӀуатэр Мэссихьыращ, – жиӀащ.


Хьисэ ди нэхэр тедвгъэгъэт. Аращ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дытезыгъэхьэу, пашэ къытхуэхъуу ди фӀэщхъуныгъэр нэгъэса зыщӀыр. И пащхьэм илъу щыта гуфӀэгъуэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм жорым зэрыраӀулӀам и гугъуехь ишэчащ, жорым и емыкӀуми еплъакъым ар, Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Мэссихь гугъуехьхэр ишэчу, абы и ужькӀэ щӀыхьышхуэ иӀэ зэрыхъунур бегъымбархэм я гум илъ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм къыщыжиӀэм, зытепсэлъыхьа зэманри Мэссихь къызэрыкӀуэжыну щӀыкӀэри бегъымбархэм зэрызрагъэщӀэным и ужь итащ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan