Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 24:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 ЦӀыхубзхэм жаӀам къимыкӀауэ апостолхэм ялъытащ, я фӀэщи хъуакъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

11 АрщхьэкӀэ абыхэм я псалъэм къикӀ щымыӀэу къалъытащ мыдрейхэм, я фӀэщи хъуакъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 24:11
10 Iomraidhean Croise  

ЛутӀ щӀэкӀри, епсэлъащ хуэхъуну малъхъэхэм, яжриӀащ абыхэм: – Фытэдж, фыдэкӀ мы къалэм! Зиусхьэным ар игъэкӀуэдынущ. Ауэ абы и малъхъэхэм къафӀэщӀащ ар гушыӀэу.


Зиусхьэным унэр имыщӀмэ, ар зыщӀхэм пщӀэншэу Ӏуэху ящӀэ; Зиусхьэным къимыхъумэмэ къалэр, къэрэгъулыр сакъыу зэрымыжейр пщӀэншэщ.


Хьисэ зэрыпсэур икӀи Мэрием ар зэрилъэгъуар щызэхахым, я фӀэщ хъуакъым.


Абыхэм ягъэзэжри, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей цӀыхухэм хъыбарыр хуаӀуэтэжащ, ауэ абыхэм я фӀэщ хъуакъым.


Абы и ужькӀэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр шхэуэ здэщысым, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ. Абыхэм я фӀэщ мыхъуныгъэмрэ я ерыщыгъэмрэ щхьэкӀи, Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ зылъэгъуахэм яӀуэтэжар я фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀи, Хьисэ абыхэм егиящ.


– Сыту фызэхэщӀыкӀыншэ, бегъымбархэм жаӀэгъа псори фи фӀэщ хъун щхьэкӀэ, сыту гугъу фехьрэ! – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


ГуфӀэгъуэшхуэм къыхэкӀыу я фӀэщ мыхъуу ягъэщӀагъуэ щыхъум, яжриӀащ: – Мыбдежым шхын гуэр щывиӀэу пӀэрэ?


Петр, мелыӀычым и ужь иту, лъэхъуэщым къыщӀэкӀыжащ. Ауэ мелыӀычым илэжьар пэжрэ мыпэжрэ Петр ищӀакъым, атӀэ зыгуэр къыхуэхутауэ и гугъащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan