54 А махуэр мэрем махуэт, щэбэт махуэри къэблэгъащ.
54 Мэрем пщыхьэщхьэт, щэбэтыр къэблэгъат.
Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ Пилат Ӏэтащхьэм деж щызэхуэсащ етӀуанэ махуэу мэрем махуэм къыкӀэлъыкӀуэм.
Щэбэтым и пэ къихуэ мэрем махуэт. Пщыхьэщхьэпэ хъуати,
ИтӀанэ хьэдэр жорым къыкӀэрихщ, чэсей хужь джэбын иришэкӀри, къыр мывэм къыхащӀыкӀа кхъэлэгъунэу зэи зыри зыщӀамылъхьам щӀилъхьэжащ.
А махуэр ӀутӀыж махуэшхуэм и пэ къихуэ мэрем махуэт. Сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт ар. – Мис фи пащтыхьыр! – яжриӀащ Пилат журтхэм.
Мэрем махуэт. КъыкӀэлъыкӀуэ щэбэтыр махуэшхуэт. Хьэдэхэр щэбэт махуэм жорхэм памыгъэлъын щхьэкӀэ, журтхэр Пилат елъэӀуащ: – Жорхэм ираӀулӀахэм я лъэдийхэр зэпаудурэ, хьэдэхэр жорхэм къыфӀахыжыну унафэ щӀы.
Журтхэм щэбэт махуэм зыщыхуагъэхьэзыр махуэт, а кхъэлэгъунэри гъунэгъути, Хьисэ и хьэдэр абы щӀалъхьащ.