Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 23:50 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

50 Исуф зи цӀэ лӀы гуэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэхэм яхэтт. Ар щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуфӀт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

50 Исуф и цӀэу лӀы гуэр Лъэпкъ Хасэм хэтт. Ар цӀыхуфӀт, цӀыху щыпкъэт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 23:50
8 Iomraidhean Croise  

СимеонкӀэ зэджэ лӀы гуэр Ерусалим дэсащ абы щыгъуэ. Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыри зигу илъ цӀыхут. Израил и гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыным пэплъэрт ар. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри и гум илът абы.


Езыми и унагъуэ псоми Тхьэр ягъэлъапӀэрт, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр я гум илът. Журтхэм я тхьэмыщкӀэхэм псапэ тыхь куэд яритырт, Тхьэм елъэӀу зэпытт.


– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.


Варнавэ цӀыхуфӀу щытащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри фӀэщхъуныгъэри и гум ину илъащ. Апхуэдэурэ, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм куэд къыхэхъуащ.


Хьисэ теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псори абыхэм ягъэзэщӀа нэужь, Хьисэ и гъусэхэм абы и хьэдэр жорым къыфӀахыжри, кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan