Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 23:47 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

47 ЗауэлӀхэм я пашэм, къэхъуар щилъагъум, Тхьэм щӀыхь хуищӀри жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу щытащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

47 А псори щилъагъум, Тхьэм щӀыхь хуищӀри, зауэлӀхэм я пашэм мыпхуэдэу жиӀащ: – Мы лӀыр, пэж дыдэу, цӀыху щыпкъэу щытащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 23:47
6 Iomraidhean Croise  

Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр и щхьэм къы-щыщӀэдзауэ и лъабжьэм нэс тӀууэ къызэгуэтхъащ абы ирихьэлӀэу. ЩӀыри къэхъеящ. Мывэхэри зэгуэудащ.


Дзэ пашэмрэ абы и гъусэу Хьисэ зыхъумэу щытахэмрэ щӀыр зэрыхъейри, мо къэхъу псори щалъагъум, хуабжьу къэшынауэ жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ мыр Тхьэм и Къуэу щытащ.


ЦӀыху гупышхуэм ар щалъагъум, ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыхухэм Хьисэ апхуэдэ тепщэныгъэ къезыта Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.


ЗауэлӀхэм я пашэу Хьисэ къыхуэзанщӀэу щытым, Хьисэ и лӀэкӀэ хъуар щилъагъум, жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр Тхьэм и Къуэу щытащ.


Дэ тхуэфащэщи, дагъэпшыныж. ЩӀэпхъаджагъэу тщӀахэм яхуэфащэр дагъэгъуэтыж. Ауэ мы лӀым мыхъуну зыри ищӀакъым.


Дэ хабзэ диӀэщ, – къыжраӀащ журтхэм. – А ди хабзэм тету лӀэн хуейщ ар, Тхьэм и Къуэу зэрызигъэӀуам щхьэкӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan