Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 23:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 – Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм, – жиӀащ Хьисэ, – ялэжьыр зи щӀысыр къагурыӀуэркъым. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зауэлӀхэм зэхуагуэшыжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

34 – Си Адэ, мыбыхэм ящӀэр къагурыӀуэркъыми, къахуэбгъэгъуну сынолъэӀу, – жиӀащ Хьисэ. ЗауэлӀхэм пхъэидзэ ящӀри, Хьисэ и щыгъыныр зэхуагуэшащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 23:34
26 Iomraidhean Croise  

«Мыпхуэдэу жефӀэ Исуф: Яхуэгъэгъу уи къуэшхэм я къуаншагъэри я гуэныхьри; абыхэм Ӏеягъэ къуащӀащ». Иджы яхуэгъэгъу уи адэм и Тхьэм и унэӀутхэм я къуаншагъэр. Исуф гъырт ар абы щыжраӀэм щыгъуэ.


И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.


Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, гугъуехь фэзыгъэшэч цӀыхухэм Тхьэм фӀыкӀэ фахуелъэӀу,


Хьисэ жорым ираӀулӀащ итӀанэ. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зэхуагуэшыжащ зауэлӀхэм, щхьэж къылъысыр и Ӏыхьэу.


– Си Адэ, ухуейуэ щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.


Сэ абыхэм щхьэкӀэ сынолъэӀу. Дунейм и цӀыхухэракъым сызыхуэлъаӀуэр, атӀэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэращ, ахэр ууейщи.


– Ди щхьэщыгу ит Тхьэм къыуимытатэмэ, къызэпщӀэнӀауэ лъэкӀыныгъэ уиӀэнтэкъым, – къыжриӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, уэ сыкъыпӀэщӀэзыгъыхьам гуэныхь нэхъыбэ иӀэщ.


Ауэ Паул макъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ: – Лей зумыхыж! Дэ псори мыбы дыщӀэсщ!


– Абы нэмыщӀу, си къуэшхэ, фэри фи тхьэмадэхэми Хьисэ ефщӀар фи гунэфыгъэкӀэ зэрыфщӀар сощӀэ сэ.


Лъэгуажьэмыщхьэу тӀысри, макъышхуэкӀэ жиӀащ итӀанэ: – Зиусхьэн, мы гуэныхьыр мы цӀыхухэм я пщэм думылъхьэ! Ар жиӀэри, и псэр хэкӀащ.


Гугъуехь фэзыгъэшэчхэм Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну фахуелъэӀу. Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну фахуелъэӀу, ахъумэ фемыбг.


Мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэхэм ящыщ зыми а акъылыфӀагъэр къищӀакъым. Абыхэм къащӀатэмэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Зиусхьэныр жорым ираӀулӀынтэкъым.


Ди ӀэкӀэ дылажьэурэ, гугъу зыдогъэхь дэ. ЦӀыхухэр къыщытхуэшхыдэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ» яжыдоӀэж. ЦӀыхухэм гугъу дыщрагъэхькӀэ, зыхудогъэщэч.


Сэ ар згъэпцӀу, абы и цӀыхухэм гугъуехь езгъэшэчу икӀи абы сыхущӀэджэу щыта пэтми, гущӀэгъу къысхуищӀащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэ симыӀэу, злэжьу щыта Ӏуэхухэр зыхуэдэр къызгурымыӀуэу сыпсэуэ щытати.


Бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпемыгъуэкӀ, къыфщӀэнакӀэм фыщӀэмынэкӀэж. Абы и пӀэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀыр къыфщрехуэ», яжефӀэ; и бынхэм ящыщ фыхъуну Тхьэм фыкъыщӀыхуриджар абы и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнур фэ ӀыхьэфӀу къыфлъысыну арщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan