Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 23:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 Хьисэ жорым ираӀулӀыну преторием щрашым, Кириние къалэм щыщ лӀы гуэр, Симон и цӀэу, губгъуэм къикӀыжу хуэзащ. Ар къаубыдщ, жорыр и дамэм тралъхьэри, Хьисэ и ужь иту жорыр ихьыну хагъэзыхьащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

26 Хьисэ укӀыпӀэм щашэм, Курэн къалэм щыщ лӀы гуэр, Симэн и цӀэу, зауэлӀхэм яубыдщ, жорыр и плӀэм иралъхьэри, Хьисэ и ужьым иту ихьыну ирахулӀащ. Симэн губгъуэм къикӀыжу арат.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 23:26
11 Iomraidhean Croise  

Лъэбакъуэ минкӀэ удэкӀуэтэну ухэзыгъэзыхьым лъэбакъуэ минитӀкӀэ дэкӀуатэ.


Ар хэтуи щрет, и жорыр зыхьу сэ си ужь къимыувэм си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.


ЦӀыхухэр къызэрызэщӀиӀэтам икӀи цӀыху гуэр зэриукӀам щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадза Вараввэу цӀыхухэр къызыщӀэлъэӀуар яхуиутӀыпщыжащ. Езыхэр зыхуейр иращӀэну хуиту, Хьисэ абыхэм яӀэщӀилъхьащ.


– Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр махуэ къэс кърещти, си ужь къреувэ, – яжриӀащ Хьисэ а псоми.


Бегъымбархэри дин егъэджакӀуэхэри Антиохие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм яхэтт: Варнавэ, «ФӀыцӀэкӀэ» зэджэ Симон, Кириние къалэм щыщ Луций, Манаил (ар Ирод пщым и гъусэу япӀарщ), Щаул сымэ.


Фригиерэ Памфилиерэ исхэми, Мысырым исхэми, Ливие къэралым щыщ Кириние къалэм пэгъунэгъу лъэныкъуэм исхэми, Рим къалэшхуэм къикӀахэми,


Апостолхэм я пащхьэм ирагъэуващ ахэр. Апостолхэр Тхьэм елъэӀури, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьащ.


Щхьэхуитыныгъэ зиӀэ хъуауэ жыхуаӀэ лӀыхэм я синэгуэгум щыщхэм (ахэр Кириние, Александрие къалэхэм, Киликие, Асие хэкухэм щыщт) Стефан еныкъуэкъуу щӀадзащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan