Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 23:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 ЦӀыхухэр къызэрызэщӀиӀэтам икӀи цӀыху гуэр зэриукӀам щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадза Вараввэу цӀыхухэр къызыщӀэлъэӀуар яхуиутӀыпщыжащ. Езыхэр зыхуейр иращӀэну хуиту, Хьисэ абыхэм яӀэщӀилъхьащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

25 ЦӀыхубэр къызэщӀэзыӀэтэу цӀыху зыукӀар лъэхъуэщым къахущӀигъэкӀыжри – арат икӀи цӀыхухэр зыщӀэлъэӀур – къызэхуэсахэр зыхуейр Хьисэ ирищӀэну триубыдащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 23:25
12 Iomraidhean Croise  

Пилат Вараввэ къахуиутӀыпщыжащ, зауэлӀхэр щӀопщкӀэ иригъауэри, Хьисэ жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ.


Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэм я гуапэ ищӀыну хуейти, Вараввэ къахуиутӀыпщыжащ Пилат, зауэлӀхэр Хьисэ щӀопщкӀэ иригъауэри, жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ.


Хьисэ ягъэкъуаншэу щӀадзэри, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым ди лъэпкъыр зэӀищӀэу, кесарым хьэкътын ахъшэр ярыримыгъэту, езым Мэссихь пащтыхь зыхужиӀэжу дубыдащ.


Арати, цӀыхухэр зыхуейр Пилат яхуищӀэну триубыдащ.


Хьисэ жорым ираӀулӀыну преторием щрашым, Кириние къалэм щыщ лӀы гуэр, Симон и цӀэу, губгъуэм къикӀыжу хуэзащ. Ар къаубыдщ, жорыр и дамэм тралъхьэри, Хьисэ и ужь иту жорыр ихьыну хагъэзыхьащ.


Галилей хэкум къыщыщӀэдзауэ мыбы къэс, Иудей хэку псор, дэнэ кӀуэми, цӀыхухэм яригъащӀэ ӀуэхухэмкӀэ зэӀещӀэ, – трагъэчыныхьырт мыдрейхэм.


– Мы лӀыракъым дызыхуейр, Вараввэ къытхуэутӀыпщыж, – жаӀэри зэрыгъэкӀиящ ахэр. Вараввэ зи цӀэр хъунщӀакӀуэт.


Апхуэдэу щыхъум, Пилат Хьисэ жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ. Хьисэ здашэри ӀукӀыжащ итӀанэ.


ЦӀыху ЛъапӀэр икӀи Захуэр зэфпэсакъым, абы и пӀэкӀэ лӀыукӀ гуэр къыфхуиутӀыпщыжыну Пилат Ӏэтащхьэм фелъэӀуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan