Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 23:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 – Мы лӀым сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? УкӀ щӀытеплъхьэн Ӏуэху лъэпкъ ищӀауэ езгъуэтылӀакъым. Аращи, щӀопщкӀэ езгъэуэнщи, сутӀыпщыжынщ, – ещанэу яжриӀащ Пилат Ӏэтащхьэм абыхэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

22 – Сыт хуэдэ щӀэпхъаджагъэ Мыбы илэжьар? – жиӀэри Пилат цӀыхухэм ещанэу еупщӀащ. – УкӀ щӀытеслъхьэн къуаншагъэ сэ Мыбы кӀэрылъу слъагъуркъым. Удын трезгъэдзэнщи, сутӀыпщыжынщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 23:22
8 Iomraidhean Croise  

яжриӀащ: – Мы лӀым цӀыхухэр зэӀищӀэу жыфӀэри, къысхуэфшащ. Фи пащхьэм абы сыщеупщӀащ, ауэ зэрывгъэкъуаншэмкӀэ лажьэ иӀэу езгъуэтылӀакъым.


Аращи, щӀопщкӀэ езгъэуэнурэ, сутӀыпщыжынущ.


Пилат Ӏэтащхьэм Хьисэ къиутӀыпщыжыну хуейти, аргуэру цӀыхухэм захуигъэзэри къепсэлъащ.


Ауэ ахэр зэрыгъэгуоурт: – Жорым еӀулӀ! Жорым еӀулӀ! – жаӀэурэ.


– Жорым еӀулӀ! – жаӀэурэ цӀыхухэр, зыпамыгъэууэ, макъ лъагэкӀэ кӀийрт, я кӀий макъымкӀи зыхуейр зрагъэхъулӀащ.


Пилат дин пашэшхуэхэмрэ цӀыху гупышхуэмрэ яжриӀащ итӀанэ: – Мы лӀым зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀэркъым.


езым и лъыуэ уасэ зыхуэпщӀыну щымытыращ. Езыр хуэныкъуагъэ зимыӀэ, бжьыгъэ зытемылъ щынэ къабзэм хуэдэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan