Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 23:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 яжриӀащ: – Мы лӀым цӀыхухэр зэӀищӀэу жыфӀэри, къысхуэфшащ. Фи пащхьэм абы сыщеупщӀащ, ауэ зэрывгъэкъуаншэмкӀэ лажьэ иӀэу езгъуэтылӀакъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

14 мыпхуэдэу яжриӀащ: – Мы цӀыхум лъэпкъыр зэӀищӀэу жыфӀэри, си деж къэфшащ. Сэ Абы фи пащхьэм сыщеупщӀащ, ауэ фэ Ар зэрывгъэкъуаншэ щӀэпхъаджагъэхэр сэ Абы дэслъагъуркъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 23:14
10 Iomraidhean Croise  

Тахътэм здисым, Пилат и фызым лӀыкӀуэ къыхуищӀри къыжрыригъэӀащ: – Щыпкъагъэ зигу илъ а цӀыхум мыхъун гуэр иумыщӀэ. Ныжэбэ пщӀыхьэпӀэ Ӏей слъагъури, а лӀым щхьэкӀэ гугъу сехьащ.


Пилат, зыри хищӀыхьыжын хузэфӀэмыкӀэу, цӀыхухэм нэхъ зэрызехьэ зэрыхъуар щилъагъум, псы къищтэщ, и Ӏэхэр цӀыхухэм я пащхьэм щитхьэщӀри жиӀащ: – Мы лӀыуэ щыпкъагъэ зигу илъым и лъыр сэ къыстехуэркъым. Абы и лъыр фэращ зытехуэр.


яжриӀащ: – Лъы хейр зэрыфэзгъэубыдамкӀэ гуэныхь сщӀащ. – Абы дэ ди Ӏуэху хэлъкъым, уэращ зи Ӏуэху хэлъыр, – къыжраӀащ абыхэм.


Дзэ пашэмрэ абы и гъусэу Хьисэ зыхъумэу щытахэмрэ щӀыр зэрыхъейри, мо къэхъу псори щалъагъум, хуабжьу къэшынауэ жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ мыр Тхьэм и Къуэу щытащ.


Хьисэ укӀ щӀытралъхьэн щхьэусыгъуэ ямыгъуэта пэтми, Пилат Ӏэтащхьэм елъэӀуащ ар иукӀыну.


Фессалоникэ дэсхэм нэхърэ, Верие дэсхэм щыпкъагъэ нэхъ яхэлът. Тхьэм и псалъэхэм я гуапэу еувэлӀащ. Паул жиӀахэр Тхьэм и псалъэу тхахэм техуэрэ темыхуэрэ зэхагъэкӀын щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм махуэ къэси хэплъэрт.


Мыпхуэдэ дин пашэшхуэщ дызыхуэныкъуэр: и гур къабзэу, зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ бгъэдэмылъу, лажьэ зыри имыӀэу, гуэныхь зыщӀэхэм яхэкӀыжауэ, уафэхэм я щыгу дэкӀуеижауэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan