Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 22:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Арати, Хьисэ Петррэ Иуанрэ я пщэ ирилъхьащ, мыпхуэдэу яжриӀэри: – ФыкӀуи, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр тшхын щхьэкӀэ, вгъэхьэзыр.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

8 Хьисэ Питрэсрэ Яхьярэ иригъэжьащ, мыпхуэдэу яжриӀэри: – ФыкӀуи, ӀутӀыж щынэр тшхын папщӀэ, Ӏэнэ къытхузэтевгъэувэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 22:8
12 Iomraidhean Croise  

– ИджыкӀэ апхуэдэу ирехъу, – жэуап иритыжащ абы Хьисэ, – апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ захуагъэ длэжьауэ мэхъури. Ар къыщыжриӀэм, арэзы хъури, Иуан Хьисэ иумэхъащ.


Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ щыпкъагъэ ягу илъу, абы и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ тету, щӀагъэкъуэншэн лъэпкъ ямылэжьу псэурт тӀури.


Дэнэ щыдгъэхьэзырыну ухуей? – къеупщӀащ ахэр.


Махуэ гуэрым шэджагъуэ нэужь хъуауэ, цӀыхухэр Тхьэм щелъэӀу сыхьэтищым деж Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм кӀуащ.


Зи лъэ къыщӀэувэжа лӀыр Петррэ Иуанрэ я ужь имыкӀыу здэкӀуэм, цӀыху псоми хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ, Сэлмэн пащтыхьым и цӀэр зезыхьэ, щхьэ зытелъ сэххэр зиӀэ пщӀантӀэм деж жэхэри, абыхэм я деж цӀыхухэр щызэхуэсащ.


Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэу щилъагъум, а лӀыр лъэӀуащ: – Псапэ тыхь къызэфт, – жиӀэри.


Журт пашэхэм Петррэ Иуанрэ яӀэ гукъыдэжыр щалъагъум, ахэр щӀэныгъэ зимыӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀыу зэрыщытми гу щылъатэм, ягъэщӀэгъуащ, Хьисэ зэригъусари къащӀащ.


АрщхьэкӀэ Петррэ Иуанрэ абыхэм жраӀащ: – Тхьэм демыдаӀуэу, фэ дывэдэӀуэныр Тхьэм дежкӀэ хъунрэ мыхъунрэ фэр-фэрурэ фегупсыс.


Ерусалим дэс апостолхэм Самарие цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр къабыл зэращӀар щызэхахым, Петррэ Иуанрэ абыхэм я деж ягъэкӀуащ.


Къуэшхэм пашэ пкъоууэ ялъытэу, Екъуб, Кифэ, Иуан сымэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуар ящӀати, ахэри, сэри, Варнавэри дызэрызэдэлажьэм и нэщэнэу ди Ӏэхэр къаубыдащ: Дэ хамэ лъэпкъхэм я деж дыкӀуэн хуеящ, ахэр сунэт ящӀахэм я деж кӀуэн хуеящ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan