Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 22:61 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

61 Зиусхьэным зыкъригъэзэкӀри, Петр къеплъащ. Зиусхьэным къыжриӀэгъа псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ: «Нобэ, адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

61 Зиусхьэным зыкъригъэзэкӀри, Питрэс къеплъащ. Къыщеплъым, Питрэс Хьисэ къыжриӀауэ щыта мы псалъэхэр игу къэкӀыжащ: «Пщэдджыжь адакъэ Ӏуэху, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 22:61
19 Iomraidhean Croise  

– Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ Хьисэ Петр, – ныжэбэ дыдэм адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ.


Хьисэ къыжриӀэгъауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ». Ар игу къыщыкӀыжым, пщӀантӀэм дэкӀри, игу хэщӀу гъащ Петр.


Къару зэрыхэкӀар Хьисэ игукӀэ занщӀэу зыхищӀащ. ЦӀыху гупышхуэм здахэтым, зыкъригъэзэкӀри яжриӀащ: – Хэт си щыгъыным къеӀусар?


– Ей Марфэу, си Марфэ! – жриӀащ Зиусхьэным абы. – Куэд щхьэкӀэ зыбгъэгузавэурэ, гугъу зыбогъэхь.


– Петр, сэ ныбжызоӀэ, нобэ адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ, – жиӀащ Хьисэ.


– Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сэ сщӀэркъым, – жриӀащ Петр а лӀым. Асыхьэтым, Петр и псалъэр имыух щӀыкӀэ, адакъэ Ӏуащ.


Ар игу къыщыкӀыжым, Петр пщӀантӀэм дэкӀри, игу хэщӀу гъащ.


Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!


Иуан абыхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, Хьисэ деж игъэкӀуащ: – Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей? – жаӀэу еупщӀын щхьэкӀэ.


– Уи псэр сэр щхьэкӀэ птынуи? – жэуап итыжащ Хьисэ. – Пэж дыдэр бжызоӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ!


Израил цӀыхухэм ятелъ гуэныхьхэмкӀэ щӀригъэгъуэжу, ахэр къахуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм Хьисэ Зиусхьэну икӀи КъегъэлакӀуэу уафэм дришеижри, езым и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьащ.


Аращи, фэ, хамэ лъэпкъыу къалъхуахэр, фыкъэдаӀуэ. Сунэт ящӀахэр (сунэт ӀэкӀэ ящӀахэращ жыхуэсӀэхэр) фэ, «сунэт ямыщӀакӀэ» зэджэхэм, мыр фи гум къэвгъэкӀыжын хуейщ:


Фыкъызэхуэхар зыхуэдизыр зыщывмыгъэгъупщэ. Гуэныхьу фщӀахэм фахущӀегъуэжи, нэхъапэм Ӏуэхухэр фщӀэуэ зэрыщытам хуэдэу влэжь. Фи гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, сэ сынэкӀуэнурэ, фи уэздыгъэ тегъэувапӀэр Ӏусхыжынущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan