5 Ахэр гуфӀащ, ахъши къратыну къагъэгугъащ.
5 Абыхэм ар я гуапэ дыдэ хъуащ, ахъши къратыну къагъэгугъащ.
Иудэ дин пашэшхуэхэмрэ Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэмрэ я деж кӀуэри, Хьисэ зэраригъэубыдыну щӀыкӀэмкӀэ епсэлъащ.
Арати, Иудэ абыхэм я мурадыр ядищтэри, цӀыху гупышхуэм ямыщӀэу Хьисэ яригъэубыдын щхьэкӀэ, игъуэ щыхъунум пэплъэу щӀидзащ.
ЩӀэпхъаджагъэу ищӀам пэкӀуэу ирата пщӀэмкӀэ Иудэ щӀыгу къищэхуащ. А щӀыгум бгъэгукӀэ техуэщ, и ныбэр зэгуэудри, и кӀуэцӀыр зэрыщыту къиуащ.
– Уэ уи ахъшэри уэри фызэдрекӀуэд Тхьэм и тыгъэр къэпщэхуфын къызэрыпфӀэщӀам щхьэкӀэ, – жриӀащ Петр.
Гъуэгу захуэм текӀри, гъуэщащ ахэр. Босор и къуэу Билеам зи цӀэм и гъуэгум техьащ. Ахъшэ къыхэхъуэн щхьэкӀэ, бзаджагъэ ищӀэну зыфӀэфӀар аращ.
Я нэпсеягъэкӀэ псалъэ нэпцӀхэр къыжаӀэурэ, фи фӀагъ зрагъэкӀынущ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуаншэрэ куэд щӀащ, Тхьэуэ ахэр зыгъэкӀуэдынур жейркъым.
Ахэр гъуэгу мыгъуэ теуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Каин и гъуэгу техьащ, Билеам зи цӀэм зэрищӀам хуэдэу, абыхэми ахъшэ щхьэкӀэ бзаджагъэ ящӀэ, Корейм хуэдэу я ерыщыгъэкӀэ мэкӀуэдыж.