Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 22:37 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

37 Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэр сэ къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ: «Хабзэм текӀахэм ящыщу ялъытащ». Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ къыстеухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэр къохъу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

37 НывжызоӀэ, сэ стеухуауэ Тхыгъэ ЛъапӀэм ит мы псалъэхэр къэхъун хуейщ: «ЩӀэпхъаджащӀэхэм хабжащ». Сэ стеухуауэ бегъымбархэм жаӀа псори куэд мыщӀэу къэхъунущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 22:37
17 Iomraidhean Croise  

ХъунщӀакӀуитӀ, зыр ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм щраӀулӀащ абдеж.


Арати, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъуащ: «Хабзэм текӀахэм халъытащ».


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, яжриӀащ: – Мис, ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм теухуауэ бегъымбархэм ятха псори абы къыщыщӀынурэ, пэж хъунущ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, Тхьэм зэриухам тету, дунейм ехыжынущ. Ар тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ.


– Ауэ иджы бохъши хъуржыни зиӀэм здрещтэ, – яжриӀащ Хьисэ. – Джатэ зимыӀэм и щыгъын щӀыӀутелъыр ирещи, джатэ кърещэху.


Зубыдыну къэкӀуа дин пашэшхуэхэм, Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэм, нэхъыжьхэм Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэу, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи?


Хьисэ щӀыгъуу жорхэм ираӀулӀыну бзэджащӀитӀ дашащ.


Муси адрей бегъымбар псоми я деж къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм езым теухуауэ хэтхэр ягуригъэӀуащ Хьисэ.


Апхуэдэу езым и псалъэхэр къызыхуэкӀуа цӀыхухэм «Фэ тхьэуэ фыщытщ», жиӀэри Тхьэм яжриӀащ.


Злэжьын щхьэкӀэ сипщэ къиплъхьа Ӏуэхухэр згъэзащӀэурэ, уэ уи щӀыхьышхуэр дунейм и цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.


Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan