Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 22:31 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

31 – Симон, Симон, къэдаӀуэ. МэкъумэшыщӀэм гуэдзымрэ хьэуазэмрэ зэрызэхигъэкӀым хуэдэу, фигъэунэхун щхьэкӀэ, шейтӀаным Тхьэм хуитыныгъэ къыӀихащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

31 – Симэн, Симэн, – жиӀащ Хьисэ. – МэкъумэшыщӀэм гуэдзыр щӀигъэпщурэ хьэуазэм къызэрыхигъэщхьэхукӀым хуэдэу, фигъэунэхуну хуит къищӀын щхьэкӀэ Ӏиблисыр Тхьэм елъэӀуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 22:31
13 Iomraidhean Croise  

Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ тхьэщӀыхь уэрэд жаӀа нэужь, унэм щӀэкӀри, Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ итӀанэ.


– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».


– Ей Марфэу, си Марфэ! – жриӀащ Зиусхьэным абы. – Куэд щхьэкӀэ зыбгъэгузавэурэ, гугъу зыбогъэхь.


ЩӀым теджалэри, макъ гуэрым къыжриӀэу зэхихащ Щаул: – Щаул, Щаул, сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр?


а лӀыр шейтӀаным ефт, и пкъыр кӀуэдми, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм абы и псэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ.


шейтӀаным дыкъимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэщэр дымыщӀэу дыщыткъым.


ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.


Уафэм макъ лъагэ гуэр къиӀукӀри, мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ДымыкӀуэду ди Тхьэм дыкъригъэлащ иджы. Ди Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ и Тепщэныгъэшхуэмрэ къэлъэгъуащ иджы, езы Тхьэм и Мэссихь и къаруушхуэри къэлъэгъуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди къуэшхэр зыгъэмысэу, Тхьэм и пащхьэм жэщи махуи ахэр щызыгъэкъуаншэр щӀылъэм кърадзыхащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan