Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 22:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀщ, абыхэм яритри жиӀащ итӀанэ: – Мы щӀакхъуэр, фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэ, стыну си пкъыращ. Фи гум сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, мыр фшхы.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

19 Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, щӀакхъуэр зэгуищӀыкӀри, и гъэсэнхэм яритащ, мыпхуэдэуи яжриӀащ: – Мы щӀакхъуэр фэр папщӀэ сты си пкъыращ. Фигу сыкъэвгъэкӀыжын папщӀэ, мы щӀакхъуэр щыфшх махуэхэр хабзэу зивгъэӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 22:19
27 Iomraidhean Croise  

Нэхунэр кӀыфӀым къащыхуонэху цӀыху захуэхэм; ахэр фӀыщ, гущӀэгъу зиӀэщ, Тхьэм хуэщыпкъэщ ахэр.


Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм яжриӀащ удзыпцӀэм хэтӀысхьэну. ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ; абыхэм цӀыху гупышхуэхэм хуагуэшащ.


ШӀакхъуиблымрэ бдзэжьейхэмрэ къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Абыхэми цӀыхухэм хуагуэшащ.


Зы фалъэ къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, Хьисэ жиӀащ: – Мыр къафщти, мыбы итым щыщ фыкъыздефэ;


Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым, фалъэр къищтэри, Хьисэ жиӀащ: – Мы фалъэм санэу итым къикӀыр зэгурыӀуэныгъэщӀэу Тхьэм езымрэ фэрэ фяку къыдилъхьэр аращ. ФӀы къыфхуэдэкӀуэн щхьэкӀэ а зэгурыӀуэныгъэщӀэр зыгъэщыпкъэр, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ.


Абыхэм я гъусэу шхэну Ӏэнэм пэрытӀысхьэри, Хьисэ щӀакхъуэр къищтащ. Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀри яритащ.


Абы хэту, Зиусхьэн Хьисэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀа нэужь, цӀыхухэм щӀакхъуэхэр щашха щӀыпӀэм и гъунэгъуу, Тивериадэ къалэм къикӀыу нэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэр къесылӀащ.


ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэу уафэм къехар сэращ. Мы щӀакхъуэм щыщ зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ. Дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ яӀэ сщӀын щхьэкӀэ, стыну щӀакхъуэр си пкъыр арщ.


Ди Зиусхьэну Хьисэ и лӀэныгъэр ди гум къэдгъэкӀыжу, дызэгъусэу дыщышхэкӀэ, санэ фалъэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ худощӀ. Санэм дыщефэкӀэ, Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ езым гъусэ дыхуэхъуркъэ? ЩӀакхъуэр щызэгуэтщӀыкӀкӀэ, Мэссихь и пкъым гъусэ дыхуэхъуркъэ?


А псори Тхьэм къарит псыми ефэрт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр зэфэу щыта псыр къадэщӀыгъу мывэшхуэм къыхэкӀырт. А мывэшхуэр Мэссихьщ.


Хьисэ Мэссихьщ иджырей дунейм и тепщэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжын, ди Тхьэуэ икӀи ди Адэ лъапӀэм зэрыфӀэигъуам тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, зи псэр зытар.


Хьэджэр Аравие хэкум щыӀэ Синай бгым хуэбгъэдэн плъэкӀынущ. А цӀыхубзыр иджырей Ерусалими хуэдэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ерусалимрэ абы дэс цӀыхухэмрэ пщылӀыпӀэм итщ.


Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.


Сыт ищӀыс къыфщыщӀми, Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ, фэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, апхуэдэу фщӀэну аращ Тхьэр зыхуейри.


Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.


Жорым щраӀулӀым, ди гуэныхьхэр къытщхьэщихыурэ, абыхэм яхуэфащэ гугъуехьыр езым и пкъым трилъхьащ, гуэныхь щӀэным дыкъыбгъэдишыжу, щыпкъагъэм дыхуэпсэун щхьэкӀэ. Абы и уӀэгъэхэмкӀэ фигъэхъужащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan