Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 22:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 ГъэщӀэрэщӀауэ пэшышхуэ лъагэ гуэр фигъэлъагъунущ абы щыгъуэ. Абдежым псори щывгъэхьэзыр.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

12 Абы фигъэлъагъунущ етӀуанэ къатым тещӀыхьа пэш Ӏэхуитлъэхуит зэлъыӀухауэ. Мис а пэшым Ӏэнэ къыщытхузэтевгъэувэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 22:12
7 Iomraidhean Croise  

Унэр зейм жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм къыбжеӀэ: Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр щытшхыну пэшыр дэнэ щыӀэ?»


Ахэр кӀуэщ, Хьисэ зэражриӀам хуэдэу псори ирахьэлӀэри, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр ягъэхьэзыращ.


ЦӀыхум теухуауэ зыгуэр зэригъэщӀэн щхьэкӀэ цӀыху гуэр щыхьэт къытехъуэну Хьисэ хуэныкъуэтэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягу илъыр езым ищӀэрти.


– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – ещанэу еупщӀащ Хьисэ Петр. «ФӀыуэ сыплъагъурэ?» жиӀэу, Хьисэ ещанэу къызэреупщӀар Петр и жагъуэ хъуауэ, къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ псори уощӀэ. ФӀыуэ узэрыслъагъури уощӀэ. – Си мэлхэр гъэхъу, – жиӀащ Хьисэ.


Къалэм дыхьэжри, ахэр зыщӀэс унэ лъагэм щӀыхьэжащ: Петр, Екъуб, Иуан, Индрис; итӀанэ Филипп, Фомэ, Варфоломей, Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Екъуб и къуэ Иудэ сымэ.


Дэ дыщызэхуэс унэм и ещанэ къатым уэздыгъэ Ӏэджэ къыщыблэрт.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan