Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 22:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Унэр зейм жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм къыбжеӀэ: Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр щытшхыну пэшыр дэнэ щыӀэ?»

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

11 Унэр зейм мыпхуэдэу жефӀэ: «УщиякӀуэр къоупщӀыжащ: „Сэрэ си гъэсэнхэмрэ ӀутӀыж щынэр дэнэ щытшх хъунур“, жиӀэри».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 22:11
9 Iomraidhean Croise  

Зыгуэрым зыгуэр къывжиӀэмэ, «Зиусхьэныр мыбыхэм хуейщ» жефӀи, шыдхэр къэфшэну хуит фищӀынущ асыхьэтым.


А лӀыр зыщӀыхьэ унэр зейм жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм жеӀэ: Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр щытшхыну пэшыр дэнэ щыӀэ?»


«Сыт къыщӀыкӀэрыфтӀэтыкӀыр?» жиӀэу зыгуэр къывэупщӀмэ, мыпхуэдэу жефӀэ: «Зиусхьэныр хуейщ абы».


– Зиусхьэныр хуейщ абы, – жаӀащ лӀыкӀуэхэм.


Хьисэ а щӀыпӀэм щынэсым, дэплъейри, Закхейм жриӀащ: – Закхей, псынщӀэу къех, уи унэм сынеблэгъэн хуейщ нобэ.


– ФыкъэдаӀуэ! – яжриӀащ Хьисэ. – Къалэм фызэрыдыхьэу, лӀы гуэр, псы кхъуэщын ихьу, къыфхуэзэнущ. А лӀым и ужь фиту, ар зыщӀыхьэ унэм фэри фыщӀыхьэ.


ГъэщӀэрэщӀауэ пэшышхуэ лъагэ гуэр фигъэлъагъунущ абы щыгъуэ. Абдежым псори щывгъэхьэзыр.


Ар жиӀа нэужь, Марфэ игъэзэжщ, и шыпхъу Мэрием къриджэри, щэхуу жриӀащ: – Дин егъэджакӀуэр къэкӀуауэ къоджэ.


Мис, бжэм сыӀуту сынытоуӀуэ. Зыгуэрым си макъыр зэхихрэ, бжэр къызэӀуихмэ, сыщӀыхьэнурэ, сэ абы сыдэшхэнущ, езыри сэ къыздэшхэнущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan