Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 21:37 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

37 Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм махуэ къэс яригъащӀэрт Хьисэ, ауэ жэщ къэскӀэ къалэм дэкӀырти, Елеон Ӏуащхьэм жэщыр щигъакӀуэрт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

37 Хьисэ Тхьэм и Унэм цӀыхухэр щиущийрт махуэкӀэ, ауэ пщыхьэщхьэ зэрыхъуу къалэм дэкӀырти, Зейтун Ӏуащхьэм жэщыр щигъакӀуэрт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 21:37
15 Iomraidhean Croise  

Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуащ. Елеон Ӏуащхьэм и лъапэм тес Виффагие жылэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ япэ иригъэщаш,


Хьисэ абыхэм яхэкӀщ, къалэм дэкӀщ, Вифание жылэм кӀуэри, жэщыр абы щрихащ.


Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ тхьэщӀыхь уэрэд жаӀа нэужь, унэм щӀэкӀри, Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ итӀанэ.


Хьисэ а цӀыху гупышхуэм яжриӀащ асыхьэтым: – ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэу, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи? Тхьэм и унэшхуэм махуэ къэс сыщӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр езгъащӀэрт, арщхьэкӀэ сывубыдакъым.


ЕтӀуанэ махуэм ахэр Вифанием щыдэкӀыжым, Хьисэ къэмэжэлӀащ.


Пщыхьэщхьэр щыхъум, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ къалэм дэкӀыжащ.


– Тхьэм и унэшхуэм сыщӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр езгъащӀэурэ, сыфхэтащ махуэ къэс, ауэ сывубыдакъым. Мы псори къыщӀэхъуар Тхьэм и псалъэ тхахэр пэж хъун щхьэкӀэщ.


Елеон зи цӀэ Ӏуащхьэм и лъапэм тес жылитӀым Виффагиерэ Вифаниерэ щынэблагъэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ япэ иригъэщащ,


Ерусалим и гъунэгъуу, гъуэгур Елеон Ӏуащхьэм къыщех щӀыпӀэм Хьисэ щынэсым, ялъэгъуа Ӏуэху телъыджэ псом щхьэкӀэ гуфӀэрэ макъышхуэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ гуп псоми мыпхуэдэу жаӀэу щӀадзащ:


Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр махуэ къэс яригъащӀэрт Хьисэ цӀыхухэм. Дин пашэшхуэхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, цӀыхухэм яӀэ адрей пашэхэми Хьисэ зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ,


Ерусалим дэкӀри, зэрихабзэу, Хьисэ Елеон Ӏуащхьэм дэкӀуащ. И гъуэгу ирикӀуэхэри щӀыгъут.


ӀутӀыж махуэшхуэр къэсыным махуих иӀэжу, Хьисэ Вифание жылэм къэкӀуащ. Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжа Лазар абы щыпсэурт.


Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну Иудэм а щӀыпӀэр ицӀыхурт, Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ абы куэдрэ щызэхуэсырти.


Апостолхэм, Елеон Ӏуащхьэм къехыжри, ЕрусалимкӀэ ягъэзэжащ абы и ужькӀэ. Елеон Ӏуащхьэр Ерусалим пэгъунэгъут, щэбэт махуэ гъуэгу хуэдизкӀэ нэхъ пэмыжыжьэу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan