Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 21:28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

28 А Ӏуэхухэм къэхъуу щыщӀадзэкӀэ, фытэджи, фи щхьэр къэфӀэт, Тхьэм гугъуехьыр щыфщхьэщихыжыну махуэр къэблэгъащи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

28 Аращи, а Ӏуэхугъуэхэр къэхъуу флъагъумэ, фи гур къызэрывгъэгъуэтыжи, фи щхьэр фӀэт, Тхьэм щхьэхуит фыщищӀыжыну зэманыр къэблэгъащи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 21:28
11 Iomraidhean Croise  

Илъэс пщыкӀуий лъандэрэ сымаджэ цӀыхубз гуэр жин бзаджэм иӀыгъыу абдежым щӀэтт. Зиузэхун лъэмыкӀыу, и тхыр ухуат абы.


Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну?


Хьисэ ущие хъыбар гуэр яжриӀащ итӀанэ: – Ахъуо жыгымрэ адрей жыг псомрэ феплъ.


Тхьэм къигъэщӀа псори гузавэу поплъэ абы. Зыпэплъэр Тхьэм езым и бынхэм а щӀыхьышхуэр яӀэ зэригъэхъур езым къигъэщӀа псоми къащригъэлъагъуну махуэр арщ.


Ауэ гугъуехь зышэчыр Тхьэм къигъэщӀахэм я закъуэкъым. Тхьэм и тыгъэхэм ящыщу япэрейуэ езым и Псэ ЛъапӀэр дэ, ар зи гум кърилъхьа цӀыхухэри, дигукӀэ дощэӀу, Тхьэм и быну дидэу, дипкъхэр щхьэхуит щищӀыжыну махуэм ди фӀэщу дыпэплъэу.


Дэ, Тхьэм и цӀыхухэм, ди щхьэхэр ищэхужыху, ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр ди сакъылэтщ, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гур хэвмыгъэщӀ. Тхьэм фи щхьэхэр щищэхужыну махуэм нэсыху, езым и Псэ ЛъапӀэр, мыхъурым хуэдэу, фи гум кърилъхьащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan