Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 21:27 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

27 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр пшэм хэтрэ, лъэкӀыныгъэшхуэ, щӀыхьышхуэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ абы щыгъуэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

27 ЦӀыхум и Къуэм и къарур бгъэдэлърэ и щӀыхьыр Ӏэтауэ пшэм хэту къакӀуэу ялъагъунущ абы щыгъуэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 21:27
10 Iomraidhean Croise  

ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и нэщэнэ уафэм къыщылъэгъуэнущ икӀи дунейм тет лъэпкъ псори гъыурэ я бгъэм еуэжынущ абы щыгъуэ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, пшэхэм хэтрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм щӀыхьышхуэ иӀэу, и мелыӀыч псори и гъусэу дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и тахътэм тетӀысхьэнущ.


– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ. – Ауэ сэ нывжызоӀэ, иджы къыщыщӀэдзауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ, пшэхэм яхэту къакӀуэу, флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр пшэхэм хэтрэ, лъэкӀыныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ абы щыгъуэ.


Дунейм къыщыхъунум пэплъэрэ, шынагъуэм зэщӀищтауэ цӀыхухэр зэтемэхынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уафэм щыӀэ къарухэр къызэщӀэхъеенущ.


ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.


Сыщыплъэм, пшэ хужь гуэр слъэгъуащ итӀанэ. Уафэпшэм хэту «ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм» и плъыфэ зиӀэ гуэри къэслъэгъуащ. Дыщэм къыхэщӀыкӀа таж щхьэрыгът, гъубжэ жан иӀыгът.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan