Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 21:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къывэныкъуэкъухэр къыфпэувыжынуи къыфпэпсэлъэжынуи ялъэмыкӀын щхьэкӀэ, псалъэ Ӏущхэр фӀурыслъхьэнущ, акъылыфӀагъи фэстынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

15 Фи жагъуэгъухэр къывэмыныкъуэкъуфын, къыфпэрымыуэфын папщӀэ, Сэ губзыгъагъэ фхэслъхьэнущ, псалъэ Ӏущ фӀурыслъхьэнущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 21:15
17 Iomraidhean Croise  

жыфӀэн хуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм асыхьэт дыдэм фигъэщӀэнущи.


Фэ фи адэ-анэхэми, фи къуэшхэми, фи благъэхэми, фи ныбжьэгъухэми тепщэныгъэ зиӀэхэм фрагъэубыдынущ, фщыщ гуэрхэри яукӀынущ.


ИтӀанэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтхэр ягуригъаӀуэурэ,


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а псоми я гум хуабжьу хыхьэри, хамэбзэхэмкӀэ псалъэу щӀадзащ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэригъэпсэлъам хуэдэу.


Щыпкъагъэм, зышыӀэныгъэм, къемэтмахуэм теухуауэ Паул псалъэу щыщӀидзэм, Феликс къащтэри, жиӀащ: – Иджы кӀуэж, пӀалъэр къэсмэ, укъезгъэшэнщ.


– Мэссихь и гъуэгу апхуэдэу псынщӀэу сытебгъэхьэфыну къыпфӀэщӀрэ? – къыжриӀащ Агриппэ Паул.


Ауэ Стефан и акъылыфӀагъэм щхьэкӀи, и псалъэхэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжригъэӀам къыхэкӀкӀи пэлъэщын ялъэкӀытэркъым.


Си жьэр щызэтесхкӀэ, хъыбарыфӀым и щэхур гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн псалъэхэр си гум кърилъхьэн щхьэкӀэ Тхьэм фысхуелъэӀу.


Ауэ фэ фщыщ гуэрым и акъылыфӀагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэӀу, абы акъылыфӀагъэ къритынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыри имыгъэкъуаншэу, и гуапэу Тхьэм цӀыху псоми фӀы яхуещӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan