13 Апхуэдэу щыхъукӀэ, абыхэм я пащхьэм хъыбарыфӀым щыхьэт фыщытехъунущ.
13 Мис абы щыгъуэ щыхьэт фыкъыстехъуэну Ӏэмал вгъуэтынущ.
Абы щегъэжьауэ, Хьисэ яригъэубыдын щхьэкӀэ, игъуэ щыхъунум пэплъэу щӀидзащ Иудэ.
Фэ фщӀэну сыхуейщ, си къуэшхэ, сэ къызэхъулӀэ Ӏуэхухэм я фӀагъ хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и Ӏуэхум къызэрекӀар.
къыфпэувхэм зыкӀи фазэрыщымышынэри сщӀэнущ. Ахэр зэрыкӀуэдынури, фэ фымыкӀуэду фыкъызэрелынури фи псэукӀэм нахуэу яригъэлъагъунущ. ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Тхьэращ.
Тхьэм хьэкум захуэ зэрищӀыр а Ӏуэху псоми къагъэнахуэ, теубыдагъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ гугъуехь зыхуэфщэч Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну къыфхуигъэфэщэнущи.