Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 20:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 – Ауэ «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыху псори мывэкӀэ къыдэуэурэ, даукӀынущ, Иуан зэрыбегъымбарыр я фӀэщ мэхъури.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

6 «ЦӀыхухэращ къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, цӀыхубэр мывэкӀэ къыдэуэурэ даукӀынущ, Яхья бегъымбару ялъытэри. –

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 20:6
13 Iomraidhean Croise  

АтӀэ сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Бегъымбарырат? Пэжыр нывжызоӀэ, ар бегъымбар къудейкъым, ар бегъымбарым нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.


Ирод Иуан иригъэукӀыну хуейт, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт, абыхэм Иуан бегъымбару ялъытэрти.


– «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыхухэм дащышынэн хуейщ, цӀыху псоми Иуан бегъымбару ялъытэри.


Хьисэ яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхубэм ящышынащ, абыхэм ар бегъымбару ялъытэрти.


– Ауэ, цӀыхухэм зыкъамыӀэтын щхьэкӀэ, ар махуэшхуэм трыремыхуэ, – жаӀащ абыхэм.


Мы ущие хъыбарыр Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ езыхэм ятеухуауэ Хьисэ къызэрыжиӀар къагурыӀуати, Хьисэ яубыдыну хэтащ ахэр, ауэ цӀыхубэм ящышынэрти, абы и ужь икӀри ежьэжащ.


ИтӀанэ Зэчрей къыпищащ: «Уэ, си щӀалэ, Тхьэуэ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгу хуэбгъэпсыну езым и пэ къихуэу укӀуэнущи.


– «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, «НтӀэ, Иуан жиӀахэр сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» жиӀэнущ, – зэчэнджэщыжурэ жаӀэрт абыхэм.


Арати, – Иуан къэзыгъэкӀуар тщӀэркъым, – жэуап ятыжащ абыхэм.


Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ ящӀэн хуейуэ Тхьэм фӀэзахуэр ялэжын ядакъым. Иуан зезыгъэумэхъын зымыдар ахэращ.


ЦӀыху куэд къэкӀуащ абы деж. – Иуан зы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщи къигъэлъэгъуакъым, ауэ мы лӀым теухуауэ жиӀа псори пэжщ, – жаӀащ абыхэм.


Ар щызэхахым, хъумакӀуэхэм я пашэр, цӀыхухъухэр и гъусэу, кӀуэри, апостолхэр залымыгъэ кӀэлъызэрамыхьэу къашащ, цӀыхухэр мывэкӀэ къеуэурэ яукӀынкӀэ шынэрти.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan