Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 20:46 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

46 – Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм фахуэсакъ! Абыхэм фащэ кӀыхьхэр ящыгъыу къакӀухьын я щӀасэщ. ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀын яфӀэфӀщ. Синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэ щыгъуи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр щаубыдыныр я щӀасэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

46 – Щыгъын кӀыхь зыщыгъыу къэзыкӀухьын зыфӀэфӀхэу, цӀыху зэхуэсыпӀэхэм деж сэлам къыщрахкӀэ зи гур зыгъэфӀ теурэт егъэджакӀуэхэм фахуэсакъ. Абыхэм тхьэлъэӀупӀэ унэхэми Ӏэнэ къыщаӀэт щӀыпӀэхэми тхьэмадэ тӀысыпӀэр щаубыдыну яфӀэфӀщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 20:46
14 Iomraidhean Croise  

Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ.


Хьисэ цӀыху гупышхуэхэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ яжриӀащ абы щыгъуэ:


Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэм я пщагъэмрэ Ирод пащтыхьым и пщагъэмрэ защыфхъумэ.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, фарисейхэр. Синэгуэгухэм тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр щывубыдыну, цӀыху зэхыхьэпӀэхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхуевгъэщӀыну фи щӀасэщ.


Арати, увыпӀэ ямыгъуэту цӀыхур мин бжыгъэкӀэ гупышхуэурэ къыщызэхуэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀэу щӀидзащ: – Фарисейхэм я пщагъэу я бзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ.


ХьэщӀэхэм тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр яубыду гу щылъитэм, мы ущие хъыбарыр Хьисэ яжриӀащ:


Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэм зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.


Зэшхэм хуэдэу, фӀыуэ фызэрылъагъу; фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфӀэу флъытэ.


Уэри абы ухуэсакъын хуейщ, ди псалъэхэм лъэщу ар япэувыжащи.


Члисэ зэхуэсым тхылъ хуэстхащ, ауэ Диотрефу абыхэм пашэ яхуэхъуну хуейм дидэркъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan