Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 20:36 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

36 Ахэр мелыӀычхэм ещхьщ, я псэ пытынущ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащи, Тхьэм и быну щытщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

36 ИкӀи зэи лӀэжынукъым, атӀэ мелыӀычхэм хуэдэу щытынущ. Ахэр Тхьэм и бынщ, Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 20:36
20 Iomraidhean Croise  

ЛӀахэр къыщытэджыжкӀэ, фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым, атӀэ уафэм щыӀэ мелыӀычхэм ещхьу щытынущ.


– ЛӀахэр къыщытэджыжкӀэ, фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым, атӀэ уафэм щыӀэ мелыӀычхэм ещхьу щытынущ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Тхьэм дызэрибынхэр жиӀэурэ, дигухэм ящӀыгъуу абы щыхьэту тоувэ.


Иужьрей бийуэ Тхьэм игъэкӀуэдынур лӀэныгъэр арщ;


ЛӀахэр къызэрытэджыжынум и Ӏуэхури апхуэдэщ зэрыщытынур. ЩӀым хасэ жылэм хуэдэу, щӀым щӀалъхьэ пкъыр кӀуэдынущ, ауэ къэтэджыжыну пкъыр мыкӀуэду къелынущ.


Тхьэм ятӀэм къыхигъэхъукӀа цӀыхум дызэрыхуэдэм ещхьу, уафэм щыщми дыхуэдэнущ.


Езым и лъэкӀыныгъэшхуэ зэрылажьэмкӀэ, Ӏуэху псори и тепщэныгъэм зэрыщӀигъэувэмкӀэ дипкъ тхьэмыщкӀэхэр зэрихъуэкӀынурэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ езым и пкъым хуэдэ ищӀынущ.


ЛӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжхэр лъапӀэщ икӀи гъуэгу махуэ теуващ. ЕтӀуанэ лӀэныгъэм и ягъэ абыхэм яригъэкӀыну лъэкӀыныгъэ иӀэкъым. Тхьэмрэ Мэссихьрэ хуэлажьэ дин пашэу щытынущ ахэр. Илъэс минкӀи тепщэныгъэ яӀэнущ Мэссихь и гъусэу.


Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ. ЛӀэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыӀэжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ блэкӀа Ӏуэхухэр щыӀэжкъыми.


Апхуэдэу умыщӀэ, – къызжиӀащ абы. – Уэрэ уи къуэш бегъымбархэмрэ, мы тхылъым итхэр зыгъэзащӀэ цӀыху псори срагъусэу, сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan