Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 20:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 Арати, цӀыхухэм я пащхьэм псалъэ гуэркӀэ къыщаубыдэфакъым, Хьисэ ярита жэуапри ягъэщӀагъуэурэ заущэхужащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

26 Арати, цӀыхухэм ялъагъуу къахуэубыдакъым Хьисэ абыхэм, уеблэмэ и жэуапыр яфӀэтелъыджэ хъуауэ сабырыжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 20:26
14 Iomraidhean Croise  

Щилъагъум, пащтыхьыр а лӀым еупщӀащ: «Си ныбжьэгъу, мыпхуэдэу фейцейуэ ухуэпауэ, дауэ укъеблэгъа?» Ауэ адрейм зыри жиӀакъым.


Ар щызэхахым, абыхэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Хьисэ къагъанэри, ежьэжащ.


Хьисэ саддукейхэм жаӀэнур ямыщӀэжу къызэригъэнар фарисейхэм щызэхахым, зэхуэсащ.


Ар щызэхихым, игъэщӀагъуэри, Хьисэ и ужь ит цӀыхухэм яжриӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ зы цӀыху закъуи Израил къэралым изгъуэтакъым сэ.


Хьисэ ар щыжиӀэм, къыпэувауэ щыт цӀыху псори укӀытэжащ, ауэ адрейхэр Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэ псоми щыгуфӀыкӀащ.


Арати, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ Хьисэ кӀэлъызеплъэ зэпытт, икӀи ӀулъхьэкӀэ ящэхуауэ, щыпкъагъэ ягу илъ хуэдэу фэ зытезыгъауэ цӀыху фэрыщӀ гуп хуагъэкӀуащ абы. Хэкум ипщу тепщэныгъэ зиӀэм ӀэщӀагъэхуэн щхьэкӀэ, Хьисэ псалъэ гуэркӀэ къаубыдэну гугъэрт.


Торэт хабзэм къыжиӀэр Торэт хабзэм тет цӀыхухэм зэражриӀэр дощӀэ. Апхуэдэу цӀыху псоми я жьэр яригъэубыда хъуащ икӀи дунейм тет цӀыху псори Тхьэм дежкӀэ къуаншэу къыщӀэкӀащ,


ЦӀыху мыдаӀуэ куэд щыӀэщ, псом хуэмыдэу сунэт ящӀахэм ящыщу. Псалъэ пщӀэншэхэр зэпымыууэ къыжаӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэри дахьэх.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan