22 Кесарым хьэкътын ахъшэр етт хъуну, хьэмэ мыхъуну?
22 АтӀэ, дэ къайсэрым тезыр ахъшэ етт хъунрэ мыхъунрэ къыджеӀэт.
– Ет, – жиӀащ Петр. Петр унэм щыщӀыхьэм, езым жимыӀэӀа щӀыкӀэ, Хьисэ абы къеупщӀащ итӀанэ: – Уэ дауэ уеплърэ, Симон? Дунейм тет пащтыхьхэм хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкъымрэ цӀыхухэм тралъхьэ хьэкъымрэ хэт къызыӀахыр? Езыхэм я къуэхэра, е нэгъуэщӀ цӀыхухэра?
Ахэр Хьисэ еупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, уэ щыпкъагъэр зэрыжыпӀэми цӀыхухэм щыпкъагъэр зэребгъащӀэми дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэу щытщ, щыпкъагъэм тетуи Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм ябогъащӀэ.
Абыхэм я хьилагъэм гу лъитати, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр?
Хьисэ ягъэкъуаншэу щӀадзэри, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым ди лъэпкъыр зэӀищӀэу, кесарым хьэкътын ахъшэр ярыримыгъэту, езым Мэссихь пащтыхь зыхужиӀэжу дубыдащ.
Абы и ужькӀэ, цӀыхухэр щабж гъэм, Галилей хэкум щыщу Иудэ зи цӀэ лӀыр къежьэри, цӀыху куэд гъусэ къыхуэхъуащ. ЦӀыхухэм ари яукӀри, и гъуса псори зэбгрыкӀыжащ.
Аращи, цӀыху псоми яхуэфащэр ефтыж. ЦӀыхухэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ар ефтыж; хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ари ефтыж; гъэлъэпӀэныгъэрамэ, вгъэлъапӀэ; лъытэныгъэрамэ, лъытэныгъэ яхуэфщӀ.