Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 20:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Абыхэм еплъри, Хьисэ жиӀащ: – Тхьэм мы и псалъэу тхахэм сыт къикӀыр атӀэ: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ»?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

17 Хьисэ абыхэм яхэплъэри, къыпищащ: – Тхыгъэ ЛъапӀэм ит мы псалъэхэм къикӀыр сыт: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэ лъабжьэм и къуапэр зэрагъэбыдэ мывэ нэхъыщхьэ хъуащ»?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 20:17
17 Iomraidhean Croise  

Мыхъун къысхужремыӀэ, Ӏумпэм сремыщӀ, уи псалъэ гъуазэхэр згъэзэщӀащи.


Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».


Хьисэ зиплъыхьри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – Мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ!


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэм феджакъэ: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ.


Абыхэм я ерыщагъыр игу къеуэщ, губжьауэ яхэплъэри, Хьисэ лӀым жриӀащ: – Уи Ӏэр къэший. ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.


Ерусалим пэгъунэгъу хъууэ, къалэр щилъагъум, абы хуэгъыурэ, Хьисэ жиӀащ:


Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэр сэ къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ: «Хабзэм текӀахэм ящыщу ялъытащ». Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ къыстеухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэр къохъу.


Зиусхьэным зыкъригъэзэкӀри, Петр къеплъащ. Зиусхьэным къыжриӀэгъа псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ: «Нобэ, адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ».


– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.


Апхуэдэу щӀэхъун хуейр мы псалъэу абыхэм я Торэт хабзэм итхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Сэ лажьэ симыӀэу щытми, сыкъалъагъу мыхъу хъуащ».


Аращ «ухуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэу унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуар».


Апостолхэмрэ бегъымбархэмрэ ягъэува лъабжьэм фытетщ. Езы Мэссихь Хьисэращ унэр зэтезыӀыгъ лъабжьэ мывэ нэхъыщхьэр.


Тхьэм къызэрыжиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ: «ФыкъэдаӀуэ, сэ къыхэсхауэ, уасэшхуэ зиӀэу, унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэр Сион къалэм щызогъэтӀылъ. А мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan