Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 20:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 – Ар къэкӀуэнущ, а жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынурэ, хадэр нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ. – Ар къэхъуну Тхьэм жимыӀэкӀэ, – жаӀащ цӀыхухэм ар щызэхахым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

16 ЯрищӀэнуращ: къигъэзэжынурэ, жызумгъэкӀхэр зэтриукӀэнущ, жызум хадэр нэгъуэщӀхэм яритынущ. – Тхьэм къимыгъэхъукӀэ апхуэдэ! – жаӀащ цӀыхухэм, ар щызэхахым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 20:16
24 Iomraidhean Croise  

Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къыӀахыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀутхэр игъэкӀуащ абы.


– Абы а бзаджащӀэхэр кӀуэдыкӀейуэ игъэкӀуэдынурэ, жызум пычыжыгъуэр къыщыскӀэ, и жызум Ӏыхьэр къезытыжыну нэгъуэщӀ жызумгъэкӀхэм хадэр яӀэщӀилъхьэнущ, – къыжраӀащ абыхэм Хьисэ.


Пащтыхьым ар щызэхихым, къэгубжьщ, и дзэр игъакӀуэщ, а лӀыукӀхэр зэтрыригъэукӀэри, я къалэри мафӀэкӀэ иригъэгъэсащ.


Жызум хадэр зейм сыт ищӀэнур? – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Ар кӀуэнурэ, жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынущ, хадэри нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ.


«Сэ пащтыхь сахуэхъуну хуэмея си бийхэр къафши, си пащхьэм деж щывукӀ иджы».


Арати, жызум хадэм ирахужри, яукӀащ ар. – Жызум хадэр зейм сыт абыхэм ярищӀэнур? – къыщӀигъужащ Хьисэ.


Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Варнавэрэ тегушхуауэ жаӀащ: – Тхьэм и псалъэхэр фэ нывжетӀэн хуеящ япэщӀыкӀэ. Ауэ фэ Тхьэм и псалъэхэм пэӀэщӀэ зывощӀэри, мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъуну зыхуэвгъэфащэркъым. Мис, абы къыхэкӀкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм захудогъазэ;


Аращи, сыщӀоупщӀэ: Тхьэр езым и лъэпкъым хуэмеиж хъуа? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэри израил лъэпкъым сыщыщщ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм сащыщщ, Биниамин и унагъуэ лъэпкъым сыщыщщ.


Аращи, сыщӀоупщӀэ: журтхэр щылъэпэрапэм джэлэпа? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ журтхэр гъуэгу захуэм зэрытекӀам щхьэкӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэр мыкӀуэду къелыну Тхьэм гъуэгу яритащ, журтхэр абыхэм яригъэфыгъуэн щхьэкӀэ.


Апхуэдэу жытӀэмэ Торэт хабзэр фӀэщхъуныгъэмкӀэ дгъэкӀуэдрэ? Хьэуэ, дгъэкӀуэдыркъым, атӀэ Торэт хабзэр догъэщыпкъэ.


Хьэуэ, игъэкӀуэдыжыфынукъым. Тхьэр сыт щыгъуи щыпкъэщ, ауэ дэтхэнэ цӀыхури пцӀыупсщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, Тхьэ, псалъэу къыжыпӀэхэмкӀэ узахуэщ, уагъэкъуаншэми, уи щыпкъагъэр нахуэ хъунущ».


Хьэуэ, ар хъуххэнукъым. Тхьэр захуэщ. Тхьэр мызахуэмэ, дунейм и цӀыхухэм дауэ хьэкум ятрищӀыхьыфыну?


Сыт-тӀэ? Хабзэм и унафэхэм я тепщэныгъэм дыщӀэмыту, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и тепщэныгъэм дызэрыщӀэтым щхьэкӀэ гуэныхь тщӀэну дыхуит? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.


Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къытхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ цӀыху лӀахэм дахуэдэщ. Абы щыгъуэ гуэныхь тщӀэ зэпыту дыпсэуфыну?


Абы щыгъуэ ӀуэхуфӀ гуэрым сигъэлӀауэ ара? Хьэуэ, ар апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ гуэныхьыр зыхуэдэр нахуэ хъун щхьэкӀэ, Торэтым и хабзэфӀымкӀэ гуэныхьым сигъэлӀащ. Апхуэдэу унафэм гуэныхьыр зэрыӀей дыдэр наӀуэ ещӀ.


Сыт-тӀэ жытӀэнур? Торэт хабзэм гуэныхь хэлъ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Торэт хабзэм и унафэхэр щымыӀэгъатэмэ, гуэныхьыр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт унафэм «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ», къыжимыӀэгъатэмэ, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым.


Сыт-тӀэ жытӀэнур? Тхьэр мызахуэу пӀэрэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.


Фэ фипкъхэр Мэссихь и Ӏэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм зэрахуэдэр фщӀэркъэ? Абы щыгъуэ Мэссихь и Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэр псэжьым и пкъым щыщ пкъыгъуэ сщӀын? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.


Ауэ Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дызэрилъытэнум дыщыгугъыурэ, гуэныхь зытелъ цӀыхуу дыкъыщӀэкӀамэ, Мэссихь гуэныхь дигъэщӀауэ хъунутэкъэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.


Торэт хабзэр Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀхэм япэуврэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ цӀыхухэм гъащӀэ яӀэ зыщӀыфын хабзэ щыӀатэмэ, а хабзэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэ хъунт.


Сэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и жорым фӀэкӀа нэгъуэщӀым сыщытхъуну сыхуейкъым. Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, мы дунейм и Ӏуэхухэм пщӀэ зыри ямыӀэжу, сэ си дежкӀэ ахэр жорым ираӀулӀам хуэдэщ, сэри мы дунейм и Ӏуэхухэм я дежкӀэ цӀыхухэм жорым ираӀулӀам сыхуэдэщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan