Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 20:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Махуэ гуэрым, Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, Хьисэ хъыбарыфӀыр яхуиӀуатэрт цӀыхухэм. Апхуэдэу щыхъум, дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ, нэхъыжьхэр я гъусэу, къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ:

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

1 Махуэ гуэрым, Хьисэ Тхьэм и Унэм цӀыхухэр щиущийрэ, Тхьэм и хъыбарыфӀыр иӀуатэу здэщытым, дин гъуазэ нэхъыщхьэхэр, теурэт егъэджакӀуэхэр, лъэпкъ тхьэмадэхэр къыбгъэдыхьэри, къеупщӀащ:

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 20:1
10 Iomraidhean Croise  

Хьисэ а цӀыху гупышхуэм яжриӀащ асыхьэтым: – ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэу, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи? Тхьэм и унэшхуэм махуэ къэс сыщӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр езгъащӀэрт, арщхьэкӀэ сывубыдакъым.


– КъыджеӀэт, мы Ӏуэхухэр блэжьыну хуитыныгъэ дэнэ къыздипхари, ахэр блэжьыну тепщэныгъэ хэт уэ къозытари?


Абы и ужькӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэурэ, Хьисэ къалэхэри жылэхэри къызэхикӀухьащ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу.


– СымыбзыщӀӀауэ, дунейм и цӀыхухэм сахэтащ сэ, сахэпсэлъыхьу, – жэуап иритыжащ Хьисэ. – Синэгуэгуми Тхьэм и унэшхуэми, журт псори щызэӀущӀэм, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щезгъащӀэу щытащ дапщэщи. Щэхуу зыри жысӀакъым.


Петррэ Иуанрэ цӀыхухэм здепсалъэм, дин пашэхэри, Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэри, саддукейхэри хуабжьу губжьауэ а тӀум къабгъэдыхьащ,


Ар щызэхахым, цӀыхухэри, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри а псалъэхэм къызэщӀагъэплъащ. Абыхэм яубыдри, Стефан Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan