Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 2:39 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

39 Зиусхьэным и хабзэм и унафэм тету псори ягъэзэщӀа нэужь, Галилей хэкум щыщ я къалэ Назарет ягъэзэжащ Мэриемрэ Исуфрэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

39 Зиусхьэным и Хабзэм тету псори ягъэзэщӀа нэужь, Мэрямрэ Исуфрэ Гэлилей хэкум ит я къуажэ Нэзэрэт ягъэзэжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 2:39
11 Iomraidhean Croise  

– ИджыкӀэ апхуэдэу ирехъу, – жэуап иритыжащ абы Хьисэ, – апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ захуагъэ длэжьауэ мэхъури. Ар къыщыжриӀэм, арэзы хъури, Иуан Хьисэ иумэхъащ.


Елизавет мазихкӀэ лъэщыджауэ, Тхьэм и мелыӀыч ДжэбрэӀил Галилей хэкум щыщ Назарет къалэм къигъэкӀуащ.


Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ щыпкъагъэ ягу илъу, абы и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ тету, щӀагъэкъуэншэн лъэпкъ ямылэжьу псэурт тӀури.


Апхуэдэу щыхъум, Исуф, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм зэращыщым щхьэкӀэ, Галилей хэкум ит Назарет къалэм икӀри, Иудей хэкум ит Даут и къалэ Бэтлэхьэм кӀуащ.


И анэмрэ и адэмрэ я гъусэу Хьисэ Назарет кӀуэжащ итӀанэ, яхуэӀурыщӀащ. Хьисэ и анэм игу ириубыдащ мы Ӏуэху псори.


Хьисэ щапӀа Назарет къалэм кӀуащ. И хабзэм тету, щэбэт махуэм синэгуэгум щӀыхьащ. Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэну, абы щӀэсхэм я пащхьэм иуващ.


– Щэч хэмылъу мы псэлъэжьыр къызжефэнщ: «Дохутыр, уэ зыгъэхъуж». ИтӀанэ къызжефэнщ: «Капернаум къалэм щыблэжьауэ зэхэтхам хуэдэ Ӏуэхухэр мы ущапӀа къалэм щылэжь», – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan