Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 2:38 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

38 Мис а фызабэр асыхьэт дыдэм Мэриемрэ Исуфрэ къабгъэдыхьэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, Тхьэм Ерусалим щхьэхуитыныгъэ къызэрыритынум пэплъэу щыта цӀыху псоми сабийм и хъыбар зэпымыууэ яхуиӀуэтащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

38 Ар асыхьэтым абыхэм къабгъэдыхьэри, Тхьэм щытхъу хужиӀащ. Ерусэлим Тхьэм хуит щищӀыжынум пэплъэ псоми сабийм и хъыбар яхуиӀуатэу щӀидзащ итӀанэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 2:38
11 Iomraidhean Croise  

Аримафей жылэм щыщ Исуф къэкӀуащ. А Исуфыр Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщу, щӀыхь зыхуэфащэ тхьэмадэу щытащ. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсыным пэплъэрт ар. Тегушхуэщ, Пилат деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэӀуащ абы.


«Зиусхьэну Израил и Тхьэм щӀыхьышхуэр ейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и лъэпкъ Израил нэфӀкӀэ къеплъри, щхьэхуитыныгъэ къритащ.


СимеонкӀэ зэджэ лӀы гуэр Ерусалим дэсащ абы щыгъуэ. Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыри зигу илъ цӀыхут. Израил и гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыным пэплъэрт ар. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри и гум илът абы.


АсиркӀэ зэджэ унагъуэ лъэпкъым щыщрэ Фануил ипхъуу Аннэ зи цӀэ бегъымбар цӀыхубз гуэр щыӀэт. Абы и ныбжьыр хуабжьу хэкӀуэтауэ щытащ. ДэкӀуэри, и лӀым илъэсиблкӀэ дэпсэугъащ.


Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэхэм я унафэр абы ядищтэгъакъым. А Исуфыр Иудей хэкум хыхьэ Аримафей жылэм щыщт. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсыным пэплъэу щытащ.


Израил лъэпкъым щхьэхуитыныгъэ къритынкӀэ дыщыгугъырт абы.


Тхьэм и тыгъэшхуэу пхуэмыӀуэтэжыну иным щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуэдвгъэщӀ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щӀыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, уафэм къикӀыу, гурэ псэкӀэ Тхьэм и нэфӀ лъэныкъуэ псомкӀэ къытщыхуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan