Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 2:37 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

37 И лӀыр лӀэри, и ныбжьыр илъэс ищӀрэ плӀым нэсыху фызабэу щытащ ар. Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэмыкӀыу, нэщӀ ису, Тхьэ елъэӀуу, жэщи махуи Тхьэм хуэлажьэу щытащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

37 и лӀыр дунейм ехыжри, фызабэу къэнауэ псэурт ар. И ныбжьыр илъэс пщӀейрэ плӀырэ ирикъуат. А цӀыхубзым Тхьэм и Унэр зэи ибгынэртэкъым. Тхьэр жэщи махуи игъэлъапӀэрт, елъэӀурт, нэщӀ ис зэпытт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 2:37
16 Iomraidhean Croise  

ХъупӀэ щӀагъуэхэм гупсэхуу сыщегъэпсэу Абы, сыбгъэдешэ псы Ӏэсэхэм.


Апхуэдэщ Абы лъыхъухэр, и нэгу зыхуэзыгъазэр Екъуб и Тхьэм.


Ялэжьам елъытауэ ядэпсэу, яхуэфащэмкӀэ етэж абыхэм; я бзаджэщӀагъэ егъэпшыныж, я ӀэщӀагъэ пегъуэкӀ егъэгъуэтыж.


Аращи, Абы фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэр, къригъэлыным пэжыжьэкъым, и щӀыхьыр ди щӀыгум тез ирехъу!


Уи губжьыр зэхэпхьэжащ, уи губжь лъэщым уи щӀыб хуэбгъэзащ.


Фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ къыжраӀащ: – Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр нэщӀ исырейщ икӀи Тхьэм йолъэӀу, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэри аращ, ауэ уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр машхэ икӀи йофэ.


Арати, жэщи махуи нэщӀ иса нэужь, ахэр Тхьэм елъэӀуащ, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьэри, Тхьэм хуэлэжьэну ягъэкӀуащ.


Паулрэ Варнаварэ дэтхэнэ члисэ зэхуэсыми нэхъыжьхэр хухахри, Тхьэм елъэӀуурэ, жэщи махуи нэщӀурэ, Зиусхьэну фӀэщхъуныгъэ зыхуаӀэ хъуам и нэӀэр къатригъэтыным хуаунэтӀащ.


Ди адэжьхэр Тхьэм къызэригъэгугъа дыдэращ ди лъэпкъым и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀыр жэщи махуи Тхьэм гурэ псэкӀэ хуэлажьэурэ, къагъуэтыну зыщыгугъыр. Ди пащтыхь, сэри абы сызэрыщыгугъыращ журтхэр къыщӀызэдауэр.


Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэр Тхьэм щогугъ, Тхьэр къыдэӀэпыкъуну жэщи махуи зэпымыууэ йолъэӀу.


ТекӀуэныгъэр къэзыхьыр си Тхьэм и унэшхуэм пкъоууэ щӀэзгъэувэнущ, а унэшхуэми зэи щӀэкӀыжынукъым. Си Тхьэм и цӀэрэ си Тхьэм и къалэшхуэу ЕрусалимыщӀэм и цӀэрэ а цӀыхум и натӀэм тестхэнущ. А къалэр си Тхьэуэ уафэм щыӀэм деж къикӀыу къехынущ. Сэ цӀэщӀэу сиӀэри а цӀыхум и натӀэм тестхэнущ.


Абы щхьэкӀэ Тхьэм и тахътэм и пащхьэм итщ икӀи жэщи махуи Тхьэм и унэшхуэм щӀэту Тхьэр ягъэлъапӀэ. Тахътэм тесри ядэпсэунущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan