Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 2:36 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

36 АсиркӀэ зэджэ унагъуэ лъэпкъым щыщрэ Фануил ипхъуу Аннэ зи цӀэ бегъымбар цӀыхубз гуэр щыӀэт. Абы и ныбжьыр хуабжьу хэкӀуэтауэ щытащ. ДэкӀуэри, и лӀым илъэсиблкӀэ дэпсэугъащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

36 Ашер къытехъукӀыжа ФэнуӀил ипхъу Хъанэ, Тхьэм и бегъымбарыр, абы щыӀэт. И ныбжьыр фӀыуэ хэкӀуэтат абы. ДэкӀуэри, илъэсибл фӀэкӀа зэдэмыпсэуауэ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 2:36
18 Iomraidhean Croise  

ЖиӀащ Леа: – Гъуэгу махуэ сытеуващ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ насыпыфӀэкӀэ къызэджэнущ сэ бзылъхугъэхэр. ИкӀи фӀищащ абы цӀэуэ Ащэр.


ЦӀыху куэдым ягу илъхэр нахуэ къэхъунущ апхуэдэу. ИкӀи уэ уигури, джатэм хуэдэу, гукъеуэшхуэм къиуӀэнущ.


Мис а фызабэр асыхьэт дыдэм Мэриемрэ Исуфрэ къабгъэдыхьэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, Тхьэм Ерусалим щхьэхуитыныгъэ къызэрыритынум пэплъэу щыта цӀыху псоми сабийм и хъыбар зэпымыууэ яхуиӀуэтащ.


А махуэхэм си ӀурыщӀэ цӀыхухъухэми цӀыхубзхэми си Псэ ЛъапӀэр къахуезгъэхынущ, си псалъэхэри я гум къислъхьэнурэ, жезгъэӀэнущ.


А Филиппым дэмыкӀуауэ пхъуибл иӀэт. Тхьэм и псалъэхэр абыхэм я гум кърилъхьэурэ, мыдрейхэм къажригъэӀэрт.


Апхуэдэу, дэтхэнэ цӀыхубзу Тхьэм щхьэпцӀэу елъэӀуми, е Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьауэ ахэр къыжызыӀэми и щхьэр егъэпудыж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхубзым и щхьэр упсам хуэдэщи.


Си къуэшхэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхухэм къарит лъэкӀыныгъэхэр зыхуэдэр фымыщӀэу фыкъэзгъэнэну сыхуейкъым.


Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэу, зышыӀэныгъэрэ гулъытэрэ зиӀэу, хабзэфӀым тету, хьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэу, цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀ цӀыхуу щытын хуейщ Ӏэтащхьэр.


Фызабэхэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэр иратхэн хуейр зи ныбжь илъэс хыщӀым нэсауэ, зэ фӀэкӀ дэмыкӀуауэ,


Ашер унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Нафталый унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Менашэ унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ;


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan